Урок кабардинского языка в 1 классе

Раздел Начальные классы
Класс 1 класс
Тип Конспекты
Автор
Дата
Формат docx
Изображения Нет
For-Teacher.ru - все для учителя
Поделитесь с коллегами:

Урок№51 Каб-яз 1класс 19.01.2016г

Темэр: Хьэрфхэу Къ, къ -хэр. 1эрытхымк1э нап.15

Дызыпэплъэ ехъулIэныгъэхэр: Хьэрф зэрыбымрэ 1эрытхымрэ зэхагъэк1ыфын.1эрытхым къыщыхьа дымыгъэр ятхыфын. Хьэрф къ-м и пкъыгъуэхэмрэ езы хьэрфхэмрэ егъэтхын. Зыр зым дэ1эпыкъуу лэжьэным хуэгъэсэн, зэхэщ1ык1ым зегъэужьын. Еджэныгъэм, тхэным гупыж хуегъэщ1ын. Къэгъэсэбэпыпхъэхэр: Зэрылажьэ Iэрытх, къэрэндащ зэмыфэгъухэр.

Мурадыр: Яджа хьэрфыр зыхэт пычыгъуэр, псалъэ егъэтхын, хьэрф къ-р зыхэт псалъэхэм къеджэфу егъэсэн.

Урокыр зэрек1уэк1ыр:

1.Урокым хуэгъэхьэзырын. 2.Зэджахэм къытрагъэзэжын:

-Ди бзэр дауэ зэхэт? -Псалъэухар? - Псалъэр? -Пычыгъуэр? -Сыт хуэдэ макъхэр фщ1эрэ? (Макъзешэхэр, макъ дэк1уашэхэр.)

1)Зэпкърахыурэ ятх: ..фэ, ада.э.(Мыр хьэрфзешэ э-щ, абык1э макъзешэ э къагъэлъагъуэ.. Слияниехэм дыкъоджэ:.фэ, .да...Слияниехэр дотхри дыкъоджэж. Ахэр пычыгъуэщ, къа,къэ-хэр пыдогъэувэри псалъэ мэхъу.

2) Зыхуеину хьэрфзешэхэр датхэж: ф.щэ, н.шэ, м.вэ. (а,а,ы). Ы-р зыхуеинухэм датхэж:и.щхьэ, у.анэ, у.сэ, м.щэ, ш.нэ. У-м и ужьк1 и-м и ужьк1и ы зэрамытхыр ягу къагъэк1ыж. Хьэрф дэк1уашэ хагъэувэурэ псалъэхэм къоджэ: усэ-упсэ, жэ-ажэ, дэшэ-дэпшэ. Пычыгъуэхэр псалъэу зэхагъэувэурэ къоджэжхэр: бжэ -на; нэ- ща; жьэ- ла- мэ. Дамыгъит1у зэхэт адрей хьэрф дэк1уашэхэр ягу къагъэк1ыжри доскам иратхэ: фэжь-фэбжь

3.Физминуткэ егъэк1уэк1ын: Мыщэжь. Пщыхьэщlэ Хьэмзэт.
…Къэушащ,мэкlий,мэгъуахъуэ,
Жиlэ хуэдэщ:"Фо къивгъахъуэ,
Мазищ енкlэ семышха,
Мазищ енкlэ семыфа...!"

Макъ къ-р къыхагъэщхьэхук1 нап.15 ит сурэтымк1э.(). Псалъэк1эм- макъ, сакъ; псалъэкум- вакъэ, мэкъакъэ; псалъэпэм -къаз, къанжэ; Псалъэхэм хуэдэ еджак1уэхэми къахь. Псалъэухар зэпкърыхын.Сэ вакъэщ1э си1эщ. Словарнэ лэжьыгъэ егъэк1уэк1ын. Псалъэ къэск1э зищ1ысыр убзыхун. Псалъэухар зэпкърыхын. (Псалъищ мэхъу, япэр, ет1уанэр, ещанэр,къ-зыхэт псалъэхэр къахутэ, пычыгъуэ бжыгъэр къыжа1э,япэ пычыгъуэр, ет1уанэ пычыгъуэр. Мыр шэщ1ауэ къэппсэлъ хъуркъым, макъ дэк1уашэ дэгущ. Псалъэхэм я мыхьэнэр къахутэ.

4.Макъыщ1эр псалъэхэмрэ псалъэухахэмрэ къыхыдогъэгъуатэ: къэнжал,къэб,сэкъат, Дыкъынэ.

5. Хьэрфыщ1эхэм щыгъэгъуэзэн:Къ,къ.(Къ,къ.) Пычыгъуэхэмрэ псалъэхэмрэ къегъэджэн.

6. Тхыгъэ лэжьыгъэхэр егъэк1уэк1ын. («Зэрылажьэ 1эрытх», нап.15) Къ _________________________

къ_________________________

1эрытхым къыщыхьа пычыгъуэри псалъэхэри ятхын, япэ щ1ык1э зэпкърахыурэ. Псалъэухам япэ щ1ык1э къоджэ, ит1анэ псалъэ бжыгъэр ябж, зэрызэк1элъык1уэр къахутэри ятх. Хьэрфышхуэк1э къыщ1эдзэн зэрыхуейр ягу къагъэк1ыж. Словарнэ лэжьыгъэ егъэк1уэк1ын.Зэратха щ1ык1эр егъэджак1уэм къепщытэж.

7.Урокым ялэжьар къызэщ1экъуэжын.



© 2010-2022