Рабочая программа по черкесскому языку в 1 классе

Раздел Начальные классы
Класс 1 класс
Тип Рабочие программы
Автор
Дата
Формат doc
Изображения Нет
For-Teacher.ru - все для учителя
Поделитесь с коллегами:

Хэзыгъэгъуазэ

Егъэджакlуэр зэрылажьэ программэр хуэгъэхьэзаращ МОУ СОШ №3-м и 1 классым. Зэрылажьэ программэр щыдгъэува къалэнхэр дгъэзэщlэн папщlэ къыдогъэсэбэп КъБР-м щlэныгъэ lэхухэмкlэ Министерствэм къищта «Пэщlэдзэ классхэм и программэхэр», Гугъуэт Лол, Гугъуэт Елизаветэ, Зэхъуэхъу Лиуан зэлэжьа «Азбукэ» тхылъ, 2010 гъэм къыдэкlа, КъБР-м и щlэныгъэ lуэхухэмкlэ и Министерствэм къищта тхылъыр, Балэ Людэ зэлэжьа, 2010 гъэм къыдэкlа, КъБР-м и щlэныгъэ lэхухэмкlэ и Министерствэм къищта «Зэрылажьэ lэрытх» 1,2 lыхьэхэр.

«Азбукэр» джыным сыхьэту хухэхащ, ар къеджэнымрэ тхэнымрэ ятегуэшащ. Тхэнымрэ къеджэнымрэ зэхуэдиз урок хухэхащ.

Къеджэкlэрэ тхэкlэрэ (грамотэ) егъэщlэныр лъэхъэнищу зэхэтщ - щыхуагъжхьэзыр, азбукэр щадж (мыр lыхьэ нэхъыщхьэщ), азбукэ нэужь лъэхъэнэу.

Щыхуагъэхьэзыр лъэхъэнэ.

Бзэмкlэ (жьэбзэмкlи тхыбзэмкlи) къызэрыгуэкl гурыlуэныгъэ егъэгъуэтын. Бзэр псалъэухахэу, псалъэухахэр псалъэу, псалъэхэр пычыгъуэу зэпыудын, дамыгъэ итхъахэр къэгъэсэбэпауэрэ.

Псалъэр пычыгъуэкlэрэ зэпыгъэщхьэхукlын, псалъэм ударенэр тегъэувэн (ударенэр макъкlэ къыхэгъэщхьэхукlын, ударенэр зытелъ пычыгъуэр нэхъ хэкъузауэ къэпсэлъауэрэ), псалъэр зэрызэхэт пычыгъуэ бжыгъэр гъэбелджылын.

Бзэм и макъым щыгъэгъуэзэн, щызэхэпхкlи къыщупсэлъкlи макъзешэхэмрэ макъ дэкlуашэхэмрэ (дэгухэмрэ жьгъыжьгъхэмрэ) зэхэгъэщхьэхукlыфын.

Псалъэм макъ щхьэхуэхэр къыхэгъэщхьэхукlын (макъзешэ, макъ дэкlуашэ), псалъэр зэрызэхэт пычыгъуэхэмрэ макъхэмрэ хузэпкърыхын (псалъэм хэт макъхэм я бжыгъэр, ахэр зэрызэкlэлъыхьар, я щытыкlэхэр гъэбелджылын, ударенэр зытелъ пычыгъуэр къыхэгъэщхьэхукlын, псалъэм къэпсэлъыкlэмрэ и тхыкlэмрэ зэхуэхьын, ар зэрызэхэт пычыгъуэхэмрэ макъхэмрэ къыщыгъэлъэгъуа схемэм иригъуазэурэ).

Макъ иратар хэту псалъэ къэгупсысын, псалъэм и къэпсэлъыкlэмрэ ар зэрызэхэт макъхэм хуащlа схемэмрэ зэрызэтехуэр гъэбелджылын.

Азбукэр щрагъэдж лъэхъэнэ.

Адыгэбзэм макъыу хэт псори егъэщlэн, нэгъуэщlым къипсэлъа макъыр и lукlэкlэ еджакlэхэм къацlыхуфу, езыхэми а макъыр къапсэлъыфу егъэсэн.

Дэтхэнэ зы макъми и зэрыб хьэрфри и lэрытх хьэрфри егъэщlэн, макъыр зэхебгъэхмэ, абы и макъыр къагъэлъэгъуэфын, хьэрфыр ебгъэлъагъумэ, абы къикl макъыр ягъэlуфын хуэдэу.

Хьэрфзешэм тещlыхьауэ пычыгъуэхэм зэпащlэурэ къегъэджэн, хьэрф яджахэр зыхэт пычыгъуэхэм къегъэджэн.

Хьэрф къыхэбзыкlахэр къагъэсэбэпурэ, пычыгъуэхэр, псалъэхэр зэхалъхьэн (япэщlыкlэ ахэр зэрызэхэт макъхэмрэ хьэрфхэмрэ зэпкърыхауэ, абыхэм къеджэн).

Псалъэ щхьэхуэхэми псалъэуха мыинхэми къеджэкlэрэ, гъэ еджэгъуэм и кlуэцlкlэ цlыкlухэм я къеджэкlэм зиузэщlу кlуэурэ, пычыгъуэкlэрэ зэпагъэууэ къеджэныгъэм къыщегъэжьауэ зэпамыгъэууэ къеджэныгъэм хуэкlуэн хуейщ.

Тхэкlэ егъэщlэныр.

Еджакlуэр егъэсэн тэмэму зэфlэсыфу (щытхэкlэ зэрызэфlэсын хуей щlыкlэр ирагъащlэ), тетрадыр тэмэму (тlэкlу хуэlушэу) партэм тралъхьэфу, щытхэкlэ е сурэт щащlкlэ къэрэндащыр е ручкэр тэмэму зэраlыгъын хуей щlыкlэр ирагъэлъагъу.

Хьэрфхэм я лъагагъын хуейр, абыхэм я зэхуакур нэкlэ ягъэбелджылыфыным хуэзыгъасэ, lэбэлагъым, lэпэхэм зезыгъэужь лэжьыгъэхэр егъэкlуэкlын.

Хьэрфышхуэ, хьэрф цlыкlу псоми я тхыкlэм щыгъуазэ щlын, ахэр зэрызэпащlэ щlыкlэхэр егъэщlэн. Макъхэр къызэрыгъэлъэгъуа lэрытх хьэрфхэр егъэцlыхун.

Зэпыщlауэ, зэпlэзэрыту хьэрфхэр ятхыу, ахэр псалъэм щызэпыгъэувэфыным, сатырым хьэрфхэр тэмэму датхэфу, псалъэхэр щызэкlэлъатхыфу егъэсэн.

Япэ егъэджэгъуэм и кlэм еджакlуэхэм ящlэн хуейхэмрэ яхузэфlэкlыпхъэхэмрэ.

Определенэ ирамыту бзэм щызэхацlыхукlыфу щытыпхъэхэр: псалъэуха, псалъэ, пычыгъуэ, пычыгъуэм и къэхъукlэр; бзэм и макъ, макъзешэ, макъ дэкlуашэ, хьэрф зэрыб, lэрытх, хьэрф цlыкlу, хьэрфышхуэ. Абыхэм я цlэ ипlуэмэ, зищlысыр къагурыlуэн, еджэныгъэм хэту щрихьэлlэкlэ, езыхэми абыхэм я цlэ къраlуэфын.

«Азбукэ» - м ит тхыгъэхэм уакъыхуеджэмэ, а зэхахыр псалъэухаурэ зэрыщытыр къащlэфын.

«Азбукэ» - м къыщыхьа тхыгъэхэм узыщрихьэлlэ хьэрф псоми къеджэфын икlи тратхыкlыфын, нагъыщэхэр къагъсэбэпынри хыхьэу. Зи къэпсэлъыкlэкlэ зи тхыкlэкlэ зэтехуэ псалъэхэу зи мыхьэнэр къагурыlэхэр, апхуэдэ псалъэхэу зэхэт псалъэуха тынш дыдэхэр диктанту ятхыфын, псалъэ 20-25-м нэс, мы бжыгъэм хэтщ щатх числом хэт псалъэхэри, текстым и псалъащхьэри, диктант псалъэри. Класс, унэ лэжьыгъэхэуи ятхын хуейр псалъи 10-13-щ.

Псалъэр пычыгъуэурэ, макъыурэ зэпкърахыфын. Псалъэ тыншхэр щатхкlэ, сатырым имыхуэ псалъэ lыхьэхэр къыкlэлъыкlуэ сатырым яхьыфын.

Псалъэхэр щатхкlэ, хьэрфышхуэкlэ кърагъэжьэфын, и кlэм точкэ, упщlэ нэгъыщэ ягъэувыфын.

Я псалъэхэм хэгъэхъуэн, я псалъэ гъэтlылъыгъэм жыджэру къыщагъэсэбэпыфын мыпхуэдэ мыхьэнэ зиlэ псалъэхэр: инагъ-цlыкlуагъ, плъыфэ; здэщыlэн щlыпlэ; здэгъэза лъэныкъуэ; зэман, зэманкlэ зэлъытын; бжыгъэ, бжыгъэкlэ зэлъытын, нэгъуэщlхэри.

Япэ гъэ еджэгъуэм хухэха темэхэр:

  1. Псалъэмакъ, псалъэ.
  2. ПычыгъуэмкIэ гурыIуэгъуэ.
  3. IударенэмкIэ гурыIуэгъуэ.
  4. Макъзешэр зищIысыр.
  5. СурэтымкIэ псысэ зэхегъэлъхьэн.
  6. Макъ «а», хьэрфхэу «А», «а».
  7. Макъ «у», хьэрфхэу «У», «у»; пычыгъуэхэу «ау», «уа».
  8. Макъ «м», хьэрфхэу «М», «м».
  9. Макъ «э», хьэрф «э».

10) Макъ «н», хьэрф «Н», «н».

11) Макъ «р»., хьэрф «Р»., «р».

12) Макъ «ж», хьэрф «Ж», «ж».

13) Макъ «ш», хьэрф «Ш», «ш».

14) Макъ «ы», хьэрф «Ы», «ы».

15) Макъ «и», хьэрф «И», «и».

16) Макъ «Щ», хьэрф «Щ», «щ».

17) Макъ «з», хьэрф «З», «з».

18) Макъ «с», хьэрф «С», «с».

19) Макъ «л», хьэрф «Л», «л».

20) Макъ «д», хьэрф «Д», «д».

21) Макъ «т», хьэрф «Т», «т».

22) Макъ «х», хьэрф «Х», «х».

23) Макъ «ху», хьэрф «Ху», «ху».

24) Макъ «б», хьэрф «Б», «б».

25) Макъ «п»., хьэрф «П»., «п».

26) Макъ «о», хьэрф «О», «о».

27) Макъ «е», хьэрф «Е», «е».

28) Макъ «хь», хьэрф «Хь», «хь».

29) Макъ «г», хьэрф «Г», «г».

30) Макъ «гу», хьэрф «Гу», «гу».

31) Макъ «I», хьэрф «I», «I».

32) Макъ «Iу», хьэрф «Iу», «Iу».

33) Макъ «к», хьэрф «К», «к».

34) Макъ «ку», хьэрф «Ку», «ку».

35) Макъ «жь», хьэрф «Жь», «жь».

36) Макъ «в», хьэрф «В», «в».

37) Макъ «ф»., хьэрф «Ф»., «ф».

38) Макъ «й», хьэрф «Й», «й».

39) Макъ «дж», хьэрф «Дж», «дж».

40) Макъ «дз», хьэрф «Дз», «дз».

41) Макъ «я», хьэрф «Я», «я».

42) Макъ «лъ», хьэрф «Лъ», «лъ».

43) Макъ «къ», хьэрф «Къ», «къ».

44) Макъ «къу», хьэрф «Къу», «къу».

45) Макъ «гъ», хьэрф «Гъ», «гъ».

46) Макъ «гъу», хьэрф «Гъу», «гъу».

47) Макъ «хъ», хьэрф «Хъ», «хъ».

48) Макъ «хъу», хьэрф «Хъу», «хъу».

49) Макъ «кI», хьэрф «КI», «кI».

50) Макъ «кIу», хьэрф «КIу», «кIу».

51) Макъ «щI», хьэрф «ЩI», «щI».

52) Макъ «фI», хьэрф «ФI», «фI».

53) Макъ «пI», хьэрф «ПI», «пI».

54) Макъ «ц», хьэрф «Ц», «ц».

55) Макъ «цI», хьэрф «ЦI», «цI».

56) Макъ «тI», хьэрф «ТI», «тI».

57) Макъ «лI», хьэрф «ЛI», «лI».

58) Макъ «ч», хьэрф «Ч», «ч».

59) Макъ «кхъ», хьэрф «Кхъ», «кхъ».

60) Макъ «кхъу», хьэрф «Кхъу», «кхъу».

61) Макъ «ю» «(у)», хьэрф «Ю», «ю».

62) Макъ «ё», хьэрф «Ё», «ё».

63) Дамыгъэ «ь»- р., хьэрф «ъ» - р.

64) Макъ «э», хьэрф «Э», «э».

65) Диктант. 66) Къуалэбзухэр.

КАЛЕНДАРНЭ-ТЕМАТИЧЕСКЭ ПЛАН Урок бжы-гъэр

Темэхэр Уро-кыр щекIуэкIыну зэма-ныр

Сы-хьэт бжыгъэр Дызыпэплъэ ехъулIэныгъэ- хэр

Къызэрытп-

щытэну Iэмалхэр

Урокым къэдгъэсэбэпынур Классым щагъэза- щIэ лэжьыгъэ-хэр Унэм щагъэзащIэ лэжьыгъэ-хэр

1.

Хьэрфхэм я пкъыгъуэхэр


1

Сабийр псалъэмакъыр,

псалъэр зищIысым щыгъуазэ щIын.

Сурэтым тегъэпсэ-

лъыхьын

Зэрылажьэ Iэрытх.

(Балэ Людмилэ)


Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.5,6

нап.4, 5

2.

Хьэрфхэм я пкъыгъуэхэр


1

Псалъэхэр пычыгъуэкIэ зэпаудыфу егъэсэн

ЦIыхум илэжь лэжьыгъэм теухуауэ ящIэр къыжегъэIэн, псалъэхэр пычыгъуэкIэ зэпыудын.

Псысэхэр зэрыт тхылъхэр.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.8

Нап.6

3.

Хьэрфхэм я пкъыгъуэхэр


1

Лэжьыгъэм теухуа псалъэжьхэр гукIэ ящIэн.

Псалъэжьхэ-мкIэ зэпегъэуэн.

Псалъэжьхэр зэрыт тхылъ.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.9

Нап. 7

4

Хьэрфхэм я пкъыгъуэхэр


1

Къуажэхьхэр пхъэщхьэмыщхьэхэм теухуауэ ящIэн.

«КъэщIэрей и Iыхьэ» джэгукIэхэмкIэ гъэджэгун.

Къуажэхьхэр зэрыт тхылъ.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.10,11

Нап.8,9

5

Хьэрфхэм я пкъыгъуэхэр


1

Таурыхъхэр фIыуэ лъагъуным, бзэр шэрыуэу ар къыжаIэжыфы-ным я гур къыхуэгъэушын.

Ныбжьэгъугъэркъазэрыгуры-Iуар къэхутэн.

Напэ 10,11 ит сурэтхэр

Зэрылажьэ Iэрытхым-

кIэ нап.12,13

Нап. 10

6.

Хьэрфхэу «А», «а»


1

Макъ «А»кIэ къыщIидзэ псалъэ жьэрыIуатэу къахьыфу егъэсэн

ДжэгукIэ: «Хэт нэхъыбэ жимыIэрэ»

Азбукэ тхылъыр, бзухэм я сурэт, хьэрф зэпыупщIахэр

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.14

Нап. 12,13

7.

Хьэрфхэу «У», «у»;

пычыгъуэхэу

«ау», «уа»


1

Хьэрф «у»-м теухуауэ усэ цIыкIу егъэщIэн

Хьэрф зэпыупщIахэмкIэ псалъэ зэхагъэувэн

Макъ «у» зыхэт хьэкIэкхъуэкIэхэм я сурэт

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.15

Нап. 14,15

8

Хьэрфхэу «М», «м».


1

Хьэрф «м»-м теухуауэ усэ цIыкIу егъэщIэн

Макъ «м» хэту псалъэ жьэрыIуатэу къегъэхьын, псалъэуха зэхегъэгъэувэн.

«А», «У», «М» карточкэхэр, макъ

«М» зыхэт предмет зыбжанэм я сурэт.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.16.

Нап. 16

9.

Хьэрф «э»


1

Хьэрф «м» - м. теухуауэ усэ цIыкIу егъэщIэн.


Усэр гукIэ жегъэIэн

Усэм хэт жыгхэм я сурэт къэгъуэтын, абыхэм теухуа усэхэм къегъэджэн.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.17.

Нап.17,18.

10.

Хьэрф

«Н», «н».


1

Анэмрэ бынымрэ язэхущытыкIэн хуейр ящIэн.

ЦIыхухэм ямызакъуэу псэущхьэхэми анэмрэ бынымрэ яIэ зэхущытыкIэм теухуа кIэлъыплъыныгъэ яIэр къэхутэн, тегъэпсэлъы-хьын.

Анэм и сурэт, усэ цIыкIум хуащIа сурэт.

Зэрылажьэ Iэрытхым-

кIэ нап.18,19

Нап. 19,20

11.

Хьэрф

«Р», «р».


1

Хьэм, джэдум сэбэпынагъ яIэр ящIэн. Псэущхьэхэр фIыуэ лъагъун, абыхэм кIэлъыплъын зэрыхуейр ящIэн.

Джэдум и зыщIыкIэхэм елъытауэ нэщэнэ щыIэхэр зэращIэр къэхутэн. Усэр гукIэ къыжыIэн.

Джэдум теухуа нэщэнэхэр. Джэду сурэтхэр.

Зэрылажьэ Iэрытхым-

кIэ нап.20

Нап 21

12.

Хьэрф

«Ж», «ж».


1

Хьэрф «ж»-м теухуауэ усэ цIыкIу егъэщIэн.


Псалъэхэм егъэджэн

Хьэрф зэпыупщlахэр, азбукэ тхылъыр.

Зэрылажьэ Iэрытхым-

кIэ нап.22

Нап 22,23

13

Хьэрф

«Ш», «ш».


1

Хьэрф «ш»-м теухуауэ усэ цIыкIу егъэщIэн.


Псалъэхэм егъэджэн, псалъэхэмкIэ псалъэуха зэхегъэгъэувэн.

Езы цIыкIухэм ящIа сурэтхэр

Зэрылажьэ Iэрытхым-

кIэ нап.23

Нап. 24,25

14.

Хьэрф

«Ы», «ы».


1

Хьэрф «ы» -м теухуауэ усэ цIыкIу егъэщIэн.


Шым теухуауэ рассказ цIыкIу зэхегъэлъхьэн.

Шы сурэт, хьэрф зыдэгъэхуа карточкэхэр

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.24,25

Нап 26

15.

Хьэрф

«И», «и».

1

Нэхъыжьхэм хуэщIын хуей пщIэ нэмысым щыгъуазэ щIын.

Мамэхэм, нанэхэм теухуауэ усэ цIыкIу ящIэхэр къыжегъэIэн..

хьэрф зыдэгъэхуа карточкэхэр.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.26

Нап. 28

16.

Хьэрф

«Щ», «щ».


1

Хьэрф «щ»-м теухуауэ усэ цIыкIу егъэщIэн

Усэр гукIэ къыжегъэIэн, псалъэхэм къегъэджэн.

Псалъэ зэрыт карточкэхэр

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.27

Нап. 30, 31

17

Хьэрф

«З», «з».


1

Дыкъэзыухъу-реихь дунейм и дахагъыр зэрыхъумэн хуейр ящIэн.

Сурэтым тегъэпсэлъыхьын, псалъэхэм къегъэджэн.

Гъэм и зэманхэм я сурэт.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.29

Нап. 32,33

18

Хьэрф

«С», «с».


1

Хьэрф «с» -м теухуауэ усэ цIыкIу егъэщIэн, псалъэхэр зэпагъэувэфу егъэсэн


ЩIымахуэм теухуауэ ящIэр къыжегъэIын

Хьэрф зыдэгъэхуа карточкэхэр.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.30

Нап. 34,35

19.

Хьэрф

«Л», «л». Нэрылъагъу диктант.


1

Хьэрф «л» -м теухуауэ усэ цIыкIу егъэщIэн, псалъэхэр зэпагъэувэфу егъэсэн

Бжьыхьэм теухуа усэ къеджэнкIэ зэпегъэуэн.

Бжьыхьэ сырэт.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.31.

Нап.36,37

20.

Хьэрф «Д», «д» Нэрылъагъу диктант.


1

Хьэрф «д»-м теухуауэ усэ цIыкIу егъэщIэн, псалъэхэр зэпагъэувэфу егъэсэн

Псалъэхэр пычыгъуэкIэ зэпегъэудын, текстым къеджэн.

Хьэрф зыдэгъэхуа карточкэхэр, нэрылъагъу диктант зэратх сурэтхэр.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.32.

Нап.38,39

21

Хьэрф «Т», «т».


1

Хьэрф «т» - м теухуауэ усэ цIыкIу егъэщIэн, Хьэрф «т» зыхэт псалъэхэм еджэфу егъэсэн.

Хьэрф «т»-р зыхэт пычыгъуэхэм егъэджэн, текстым къегъэджэн.

Хьэрф «т» зыхэт псалъэхэм я сурэтхэр,

пычыгъуэхэр.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.33.

Нап.40,41

22.

Хьэрф «Х», «х».


1

Хьэрф «х» - р. зыхэт псалъэхэм хуиту къеджэфу егъэсэн, тхылъым къыщыхьа текстым къеджэфу егъэсэн.

«Хьэхэр ныбжьэгъу пэжщ» псалъэжьыр къызэрыгуры-Iуэм тегъэпсэлъы-хьын. Унэм яIэ хьэхэм тегъэпсэлъы-хьын.

Хадэхэкlхэм я сурэт, азбукэ тхылъыр, хьэрф зэпыупщlахэр, хадэхэкlхэм я сэбэпынагъым теухуауэ.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.34.

Нап. 42,43

23.

Хьэрф «Ху», «ху».


1

Хьэрф «ху» - р. зыхэт псалъэхэм къеджэфу егъэсэн. Щиху жыгым теухуа хъабар цIыкIу егъэджэн.

«Псэущхьэхэр щIымахуэм» фIэщыгъэцIэр иIэу тхылъ цIыкIу щIын мы Iыхьэхэр къыщыгъэлъэ-гъуауэ:

  1. бзухэр,

2) псэущхьэ Iэлхэр,

3) унэ псэущхьэхэр,

4) цIыху гулъытэ.

Хьэрф зэпыупщlахэр, азбукэ тхылъыр, щиху сурэт, хьэрф ху-м и усэм теухуауэ презентацэ.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.35.

Нап.44

24.

Хьэрф «Б», «б».


1

«б» - хьэрфыр хэту диктант цIыкIу егъэтхын, псалъэхэм ударенэр трагъэувэн, «бабыщ» - текстым егъэджэн, бажэм теухуауэ ящIэр къыжегъэIэн.

Акъылым, чэнджэщым, лэжьыгъэм теухуа псалъэжьхэ-мкIэ зэпегъэуэн. «Лъэпкъ Iущыгъэ» фIэщыгъэцIэ зиIэ тхылъ цIыкIу щIын.

Мэз псэущхьэхэм теухуауэ хъыбар, азбукэ тхылъыр, хьэрф зэпыупщlахэр, бажэ сурэт, бабыщ сурэт, б - хьэрфыр къызыхэщ псалъэхэр.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.36.

Нап. 46,47

25.

хьэрф «П», «п».


1

Хьэрф дызэблэкIахэр къэпщытэжын, «п» - р. зыхэт пычыгъуэхэм, псалъэхэм къегъэджэн.

ЗэхэгъэкIауэ зэхэтхыкIын: зи лъабжьэм къыщIэкIэу шхыныгъуэ къызыхащIыкI-

хэр, зи щхьэкIэм къыпыкIэу шхыныгъуэ къызыхащIыкIхэр.

Пыл сурэт, азбукэ тхылъыр, хьэрф зэпыупщlахэр.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.37

Нап. 48, 49

26.

Хьэрф «О», «о».


1

Макъзешэхэр къэпщытэжын. Хьэрф «о» - р. зыхэт псалъэхэм, пычыгъуэхэм къегъэджэн. Сурэтым теухуауэ хъыбар цIыкIу зэхегъэлъхьэн.


Таурыхъым план хуэгъэувын. Планым тету къэIуэтэжын.

Хьэрф зэпыупщlахэр, псалъэуха зыбжанэм я схемэ.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.39

Нап. 50, 51

27.

Хьэрф «Е», «е».


1

Макъзешэр къэпщытэжын. «е» - р. зыхэт псалъэхэм къегъэджэн, «есэп» псалъэм къикIым щыгъуазэ щIын.

Адэ-анэм сыткIэ дэIэпыкъуэгъу хуэхъуми жегъэIэн.

Хьэрф зэпыупщlахэр, псалъэуха зыбжанэм я схемэ.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.40

Нап.52,53

28.

Хьэрф «Хь», «хь».


1

Хьэрф зэгуэтхэр къегъэпщытэжын. Хьэрф «хь» зыхэт псалъэхэм къегъэжэн, псалъэуха зэхегъэлъхьэн, текстым къегъэджэн.

IэщIагъэ нэхъ дэзыхьэхым тегъэпсэлъы-хьын.

Щыхь , щхьэл, щхьэ, хьэрэ, хьэ сурэтхэр. Щыхьым теухуауэ презентацэ.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.41

Нап.54,55

29.

Хьэрф «Г», «г».


1

Хьэрф дэкIуашэхэр къегъэпщытэжын. Хьэрф «г» зыхэт псалъэхэм къегъэджэн.

Адыгэ цейм и пкъыгъуэхэр къыжыIэн.

Жыг хадэ сурэт, хьэрф зэпыупщlахэр, азбукэ тхылъыр.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.42

Нап. 56

30

Хьэрф «Гу», «гу».


1

Хьэрф зэгуэтхэр къегъэпщытэжын. Хьэрф «гу» - р. зыхэт текстым къегъэджэн.

Анэшхуэ-адэшухэхэм гулъытэ хуащIыр, мастэIуданэкIэ зэрылэжьэфыр къэхутэн.

Андэгурэ сурэт. Хьэрф зэпыупщIахэр, азбукэ тхылъыр.


Нап. 57

31.

Хьэрф «I», «I».


1

Хьэрф «I»-р. зыхэт псалъэхэм къегъэджэн. Хьэрф псори къегъэпщытэжын.

Усэм гъэхуауэ къеджэн. Щхьэж пластилиным къыхищIымкIэ дэзыхьэх IэщIагъэр къэхутэн.

Iэгъэбэгу, Iэдэ, Iэмэпсымэ зыбжанэм я сурэт, хьэрф зэпыупщIахэр, азбукэ тхылъыр.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.3

Нап.58

32

Хьэрф «Iу», «Iу».



Iуащхьэмахуэ теухуа хъыбарым къегъэджэн.


Iуащхьэмахуэм и сурэт, абы теухуауэ рассказ, презентацэ.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.4

Нап. 59

33

Хьэрф «К», «к»


2

Хьэрф дэкIуашэхэр къэпщытэжын. Хьэрф «к» зыхэт псалъэхэм къегъэджэн.

Сурэтым еплъурэ щIымахуэкIэм тегъэпсэлъы-хьын. Хъуэхъу псалъэу тхыгъэм хэтыр къыжыIэн.

Ракетэ, космоч, школ, стэкан, кино, кассэ, партэ, картэ зытет сурэтхэр, азбукэ тхылъыр,хьэрф зэпыупщIахэр.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.5

Нап. 60

34.

Хьэрф «Ку», «ку».


1

Макъ жьгъыжьгъхэмрэ дэгухэмрэ къэпщытэжын. Хьэрф «ку» зыхэт псалъэхэм къегъэджэн.

Тхыгъэм нэхъ ягу ирихьам сурэт хуащIын. Гъатхэм и нэщэнэхэр зэращIэр къэхутэн.

Хьэрф зэпыупщIахэр, азбукэ тхылъыр.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.6

Нап. 61

35.

Хьэрф «Жь», «жь».


1

Хьэрф зэгуэтхэр къэпщытэжын. Хьэрф «жь» зыхэт псалъэхэм къеджэфу егъэсэн. ЦIыхухэм я лэжьыгъэхэм тегъэпсэлъыхьын.

Мыщэм и щытыкIэр, и теплъэр ящIэн. Иужьрей сатыритIыр сыт ухэдэ цIыхухэм ебгъапщэ хъунми къыжыIэн.

Бжьо, бжьаIуэ, бжьэ, ужьэ, бжьын, бжьыныху сурэтхэр; хьэрф зэпыупщIахэр.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.7

Нап. 62,63

36.

Хьэрф «В», «в».


1

Хьэрф дэкIуашэхэр къэпщытэжын. Хьэрф «в» - р. зыхэт псалъэхэм къеджэфу егъэсэн. Вэн - сэным щыгъуазэ щIын.

Усэм къыдит гушхуэныгъэ-хэр къэIуэтэн. «Уэ сэ фIыщэу узолъагъу» фIэщыгъэцIэр зиIэ тхылъ цIыкIу щIын.

Вэн-сэным теухуауэ сурэт; хьэрф зэпыупщIахэр. Къуажэхь зэрыт тхыль цIыкIу.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.8

Нап. 64

37.

Хьэрф «Ф», «ф».


1

Хьэрф «ф»-р зыхэт псалъэхэм хуиту къеджэфу егъэсэн.

Усэм гъэхуауэ гукIэ къеджэн. Гъатхэм къыхуэпхь хъуну псалъэжьхэр ящIэн.

Хьэрф зэпыупщIахэр, адыгэ фащэм теухуауэ хъыбар, сурэтхэр

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.9

Нап. 65

38

Хьэрф «Й, «й».


1

Макъыр къапсэлъыфу, хьэрф й-м теухуауэ пычыгъуэхэр зэпащlэурэ егъэсэн.

Къуалэбзухэр хъумэн щIыхуейр къэIуэтэн. Бжэндэхъу анэм и губзыгъагъэр къыщыгъуэ-тын. Бжэндэхъу сурэт щIын.

Хьэрф зэпыупщIахэр, адыгэ азбукэ.


Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.10

Нап. 66

39.

Хьэрф «Дж», «дж».


1

Хьэрф зэгуэтхэр къегъэпщытэжын. Хьэрф «дж» - р. зыхэт псалъэхэм къегъэджэн. Джейм теухуа рассказ цIыкIу тегъэпсэлъыхьын.

Мэкъумэшы-щIэ лэжьыгъэу щыIэхэр, абыхэм щыщу езыхэм къалэжьыр къыжегъэIэн.

Джабэ, бэдж, джэду, джанэ, сыдж, джэдыгу, джэд, джыдэ, джэдэщ сурэтхэр, адыгэ азбукэр.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.11

Нап. 68

40.

Хьэрф «Дз», «дз».


1

Хьэрф «дз» - р. зыхэт псалъэхэм къеджэфу егъэсэн, текстым къегъэджэн.

Гъэм и сыт хуэдэ зэманми пшэ нэхъыбэ щыщыIэр къыжегъэIэн. Пшэм и теплъэм, и щытыкIэм тепсэлъыхьын.

Хьэрф зэпыупщlахэр, азбукэ тхылъыр.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.12

Нап 69

41

Хьэрф «Я», «я».



Хьэрф «я» - р. зыхэт псалъэхэм къегъэджэн, макъзешэхэр къегъэпщытэжын, сурэтым тегъэпсэлъыхьын.


Хьэрф зэпыупщlахэр, азбукэ тхылъыр.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.13

Нап. 71

42.

Хьэрф «Лъ», «лъ».


1

Хьэрф «лъ» зыхэт псалъэхэм къегъэджэн. Лъахэр зищIысыр къэхутэн.

Зауэм хэта къуажэдэсхэм, абыхэм зэрахьа лIыгъэм тепсэлъыхьын. Фэеплъ сыным зыплъыхьакIуэ.

Лъахэм теухуауэ сурэт, хьэрф зэпыупщlахэр, азбукэ тхылъыр.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.14

Нап.73

43.

Хьэрф «Къ», «къ».


1

Къэбэрдейм теухуауэ усэ егъэщIэн. Къэбэрдей - Балъкъэр Республикэм теухуауэ рассказым къегъэджэн.

«Си лъахэ» фIэщыгъэцIэ зиIэ сочиненэ тхын. «Фэеплъ тхылъ» щIын, фэеплъ сын зыхуагъэува цIыхухэм теухуа хъыбархэр итхэн. Фэеплъ сыным кIэлъыплъын .

Къэбэрдейм и гербыр, и бэракъыр, Къэбрдейм щежэх псыхэм я цlэхэр тхылъымпlэ щхьэхуэ тету.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.15

Нап.74

44

Хьэрф «Къу», «къу».


2

Хьэрф «къу» зыхэт псалъэхэм къегъэджэн. Текстым хуиту еджэфу егъэсэн.

Къуажэм (къалэм) щыщу лIыхъужьыгъэ зезыхьахэм тепсэлъыхьын. Самолетым и макет щIын, тхыгъэм къыщыгъэлъэ-гъуа самолетхэр зэрызехьа щIыкIэр къэгъэлъэгъуэн

Хьэрф зэпыупщlахэр, адыгэ азбукэр.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.16

Нап. 75

45.

Хьэрф «Гъ», «гъ».


1

Хьэрф дэкIуашэхэр къегъэпщытэжын, «гъ» - р. зызэт псалъэхэм къегъэджэн. Гъатхэм теухуауэ рассказ цIыкIу зэхегъэлъхьэн.

Къуажэм, еджапIэм, унагъуэм а махуэр зэрыщекIуэ-кIыр къыжыIэн. ЕджакIуэм а махуэм теухуауэ ящIар къегъэIуэтэ-жын.

Гъатхэ, вагъэ, гъавэ сурэтхэр; хьэрф зэпыупщlахэр, адыгэ азбукэр.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.17

Нап. 76

46

Хьэрф «Гъу», «гъу».


1

Хьэрф дэкIуашэхэр къегъэпщытэжын, «гъу» зыхэт псалъэхэм къегъэджэн.


Алэрыбгъу, гъудэ, гъубжэ, губгъуэ, шыгъу-сурэтхэр; хьэрф зэпыупщlахэр, адыгэ азбукэр.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.18

Нап. 77

47.

Хьэрф «Хъ», «хъ».


1

Хьэрф дэкIуашэхэр къегъпщытэжын. Хьэрф «хъ» - р. зыхэт псалъэхэм къегъэджэн.

Тхыгъэм хэт псалъэухахэр и кIэм нэгъэсыжын. Нэхъыжь Бжьэпщокъуэ-мрэ IэзакIуэ ЖыгыуIумрэ я псалъэхэр зэпадзыжурэ къегъэджэн. «Гъэмахуэ» сурэтым тепсэлъыхьын.

Махъшэ, пхъэ, хъар, хъэуан, хъарбыз, пхъы, ахъшэ, сыхьэт, жыхапхъэ сурэтхэр.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.19

Нап.78

48

Хьэрф «Хъу», «хъу»


1

Хьэрф хъу-р хэту пычыгъуэхэр, псалъэхэр зэхалъхьэфу егъэсэн.

Удз яцIыхухэр къэхутэн, ямыцIыхуу ди щIыпIэм къыщыкIхэр ящIэн.

Хьэрф зэпыупщlахэр, адыгэ азбукэр, хьэрф хъу зыхэт псалъэ къызэрыкl сурэтхэр.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.20

Нап.79

49

Хьэрф «КI», «кI».


1

Хьэрф кl зыхэт пычыгъуэхэм, псалъэхэм къеджэфу егъэсэн.

ДжэгукIэ ящIэхэр къэхутэн. ЯмыщIэхэр егъэщIэн. Узыншагъэр ефIэкIуэн папщIэ ящIэр къэхутэн, егъэфIэкIуэн.

Кlэпхъым теухуауэ рассказ, хьэрф зэпыупщlахэр.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.21

Нап.80

50.

Хьэрф «КIу», «кIу».


1

Хьэрф кlу зыхэт пычыгъуэхэм, псалъэхэм къеджэфу егъэсэн.

Тхылъ еджэныр зэрафIэфIыр къэхутэн, егъэфIэкIуэн, дегъэхьэхын.

Кlуркlунаум теухуа презентацэ, хьэрф зэпыупщlахэр.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.22

Нап. 81

51.

Хьэрф «ЩI», «щI».


1

Хьэрф щl-р хэту пычыгъуэхэр, псалъэхэр хьэрф къыхэбзыкlахэмкlэ зэхалъхьэфу егъэсэн.

«Дыгъэр сурэтыщIщ» тхылъ цIыкIу щIын, абы теухуа усэхэр, сурэтхэр иту.

Хьэрф зэпыупщlахэр. Псым теухуа хъыбар, сурэтхэр.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.23

Нап. 82

52

Хьэрф «ФI», «фI».


1

Хьэрфыр егъэцlыхун, псалъэхэм къеджэфу, текст итым псынщlэу къеджэфу егъэсэн.

«Сэ вагъуэм сызэрылъэтар» фIэщыгъэцIэр иIэу хъыбар зэхэлъхьэн.

Адыгэ фlэхъусхэр.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.24

Нап. 83

53

Хьэрф «ПI», «пI».


1

Хьэрфыр егъэцlыхун, псалъэхэм къеджэфу, текст итым псынщlэу къеджэфу егъэсэн.


Джэрыджэ Арсен и усэ «Си хьэ цlыкlу»

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.25

Нап. 84,85

54.

Хьэрф «Ц», «ц».


1

Макъыр къапсэлъыфу, хьэрф ц-м теухуауэ пычыгъуэхэр зэпащlэурэ егъэсэн.


Хьэрф зэпыупщlахэр, адыгэ азбукэр, цыхъар, цыджанэ, цыкlуэкl, мэлыц, цыжьбанэ-сурэтхэр.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.26

Нап.86

55

Хьэрф «ЦI», «цI».

1

Хьэрф цl зыхэт пычыгъуэхэм, псалъэхэм къеджэфу егъэсэн.

Елбэд Хьэсен и усэ «Пцlащхъуэ цlыкlу».

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.27

Нап.87

56

Хьэрф «ТI», «тI».

1

Хьэрф тl-р хэту пычыгъуэхэр, псалъэхэр хьэрф къыхэбзыкlахэмкlэ зэхалъхьэфу егъэсэн.

Хабзэм теухуа хъыбархэр, хьэрф зэпыупщlахэр.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.28

Нап.88

57

Хьэрф «ЛI», «лI».

1

Хьэрфыр егъэцlыхун, псалъэхэм къеджэфу, текст итым псынщlэу къеджэфу егъэсэн.

Хьэрф зэпыупщlахэр, адыгэ азбукэр.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.29

Нап.89

58

Хьэрф «Ч», «ч».

1

Хьэрф ч зыхэт пычыгъуэхэм, псалъэхэм къеджэфу егъэсэн.

Хьэрф зэпыупщlахэр, адыгэ азбукэр.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.30

Нап.90

59

Хьэрф «Кхъ», «кхъ».

1

Хьэрф кхъ зыхэт пычыгъуэхэм, псалъэхэм къеджэфу егъэсэн.

Хьэрф зэпыупщlахэр, бэкхъ, хъыджэбз сурэтхэр.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.31

Нап.91

60

Хьэрф «Кхъу», «кхъу».

1

Хьэрф кхъу-р хэту пычыгъуэхэр, псалъэхэр хьэрф къыхэбзыкlахэмкlэ зэхалъхьэфу егъэсэн.

Кхъухь, кхъуафэжьей сурэтхэр, адыгэ азбукэр, хьэрф зэпыупщlахэр.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.32

Нап.92,93

61

Хьэрф «Ю», «ю».

1

Макъыр къапсэлъыфу, хьэрф ю-м теухуауэ пычыгъуэхэр зэпащlэурэ егъэсэн.

Хьэрф зэпыупщlахэр, азбукэ тхылъыр.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.33

Нап.94

62

Хьэрф «Ё», «ё».

1

Хьэрф ё-р хэту пычыгъуэхэр, псалъэхэр хьэрф къыхэбзыкlахэмкlэ зэхалъхьэфу егъэсэн.

Хьэрф зэпыупщlахэр, азбукэ тхылъыр.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.34

Нап.95

63

Дамыгъэ «ь» - р., Хьэрф «ъ» - р.

1

Хьэрфхэр егъэцlыхун, псалъэхэм къеджэфу, текст итхэм псынщlэу къеджэфу егъэсэн.

ь зыхэт мазэцlэхэр. Адыгэ азбукэр.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.35,36

Нап.,96

64

Хьэрф «Э», «э».

1

Хьэрф э зыхэт пычыгъуэхэм, псалъэхэм къеджэфу егъэсэн.

Адыгэ азбукэр, экран, этаж, этажеркэ, аэроплан, пхъэпс сурэтхэр.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.37

Нап. 98

65

Диктант

1

Мазэхэм я цlэхэр кърабжэкlыфу, махуэцlэхэр зыхамыгъэзэрыхьыу егъэсэн, текстым псынщlэу къеджэфу егъэсэн.

Презентацэ мазэхэмрэ, махуэхэмрэ теухуауэ.

Зэрылажьэ IэрытхымкIэ нап.36.

Нап. 99

66

Къуалэбзухэр. Сочиненэ

1

Гъатхэм къэлъэтэж къуалэбзухэр, зэрызэкlэлъыкlуапхъэм тету, кърабжэкlыфу егъэсэн, «Къуалэбзу» текстым къегъэджэн.

Бзухэм я сэбэпынагъым теухуауэ презентацэ, адыгэ азбукэр, хьэрф зэпыупщlахэр.

Нап. 100

Урокым къыщыдгъэсэбэп Iэмалхэр: - акъылым зегъэужьын Iэмалхэр (развивающие игры); - творческэ лэжьыгъэхэр (творческие работы); - лэжьыгъэм епха Iуэхугъуэхэр зэрызыхагъэкI упщIэхэр (проблемные вопросы); - тест лэжьыгъэхэр (тестовые работы); - урок зэхэпща (интегрированные работы); - къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр (поисковая работа).

ЩIэныгъэ курсым теухуауэ къэдгъэсэбэп учебнэ-методическэ тхыгъэхэр:

  1. ПэщIэдзэ классхэм папщIэ программэ.
  2. Сонэ Абдулчэрим, Дол Хъусен. Анэдэлъхубзэ. 3 класс. КъБР-м щIэныгъэ IуэхухэмкIэ и министерствэм къищтащ. Ещанэ къыдэкIыгъуэ, зэгъэзэхуэжауэ. - Налшык: Эльбрус, 2009.
  3. Токъу Сарэ, Токъу Анджелэ. Анэдэлъхубзэ тхылъым зэрелэжьын тетрадь. IыхьитI хъууэ. КъБР-м щIэныгъэ IуэхухэмкIэ и минстерствэм къищтащ. - Налшык: Эльбрус, 2009.
  4. Словарь кабардино-черкесского языка. Институт гуманитарных исследований Кабардино-Балкарского научного центра Российской Академии наук. - М.: Дигора, 1999.
  5. Сукунов Х.Х., Сукунова И.Х. Кабардино-черкесско-русско-англо-турецкий словарь в иллюстрациях. - Нальчик: Эль-Фа, 1998.
  6. Абазэ Албэч. Къэбэрдей тхакIуэхэр. - Налшык: Эльбрус, 1999.


4



© 2010-2022