Диктанты по кабардинскому языку

Раздел Начальные классы
Класс 1 класс
Тип Другие методич. материалы
Автор
Дата
Формат docx
Изображения Нет
For-Teacher.ru - все для учителя
Поделитесь с коллегами:

Хьхь Хьэуазэр хьэмым трашащ. Щыхьыр мэзым хохьэ. Пщыхьэщхьэм хьэхэр мэбанэ. Хьэбалэ и сыхьэтыр дахэщ. Хьэнифэ и щхьэцыр еухуэн.

Гугу Гур гуэщым деж щытщ. Ланэ и гуащэр гущэм хепхэ. Гуэгуш шырым хугу естащ. Шыгур блож. Дэ гупу дызэхэтщ.

1у1у 1унат радиом едэ1уащ. Ди уэрэдыр ину мэ1у. Хадэм 1ущхьэ хасэ. Жэмым 1ус ират. Бжэ1упэм жыг ин 1утщ.

Жьжь Бжьа1уэр жыжьэщ. Бжьэм елэжьхэр бжьа1уэм итщ. Мэжид бжьа1уэм щолажьэ. Бжьэхэри мэлажьэ. Махуэ хуабэм бжьэхэр хуабжьщ. Жьауэм деж ахэр хуэмщ.

Куку Школ хадэр хьэсэ куэду зэпыудащ. Хьэсэ зэхуакухэм псы дож. Бжьын хьэсэр хадэкум дежщ. Куэбжэм пэмыжыжьэу 1ущхьэ куэд итщ.

Дздз Дзыдзэм дзэ жан 1утщ. Гуэдзыр шыбзэм зэпедз. Бдзэжьей шырыр псым хэздзэжащ. 1эжьэ гудзэхэр быдэу хэбдзащ.

Дждж Балыджэри джэшри хасэ. Шэмэджри джыдэри жанщ. Джэдур мэджэгу. Жэм джэмыдэр танэм епыдж пэтащ. Сымаджэм джэдыгур щимыхыну жра1ащ.

Къкъ Къэбыстэри къэбри хадэм къитхащ. Дэ къэзмакъ тшхащ. Колхозым и къазхэр къалэм щещэ. Джэдхэр мэкъакъэ. Адакъэр сакъщ.

Къукъу Мэкъу 1этэр яуныкъуащ. Жэмхэр мэкъум хуекъурт. Абыхэм мэкъу ярикъун иратащ. Танэхэр зоныкъуэкъу. Я бжьакъуэхэр зэрагъэкъу. Абыхэми мэкъу иратащ.

Лълъ Псым лъэмыж лъагэ телъщ. Сэ лъэмыжым селъэри псым сыхэлъащ. Лъэмыж дакъэм псыр лъэщу жьэхоуэ. Псы 1уфэм псыхьэлъахуэ 1улъщ.

Т1т1 Жэщыр хэт1эсащ. Т1ыр мэт1ыс. Т1алэ сымэ хэт1эхэсэ мэджэгу. Дэ т1урыт1у дыуващ. Хывыр псы ят1эм хэт1ысхьащ. Хьэсэр щабэу къат1ащ.

Гъгъ Гъатхэр къихьащ. Дыгъэм лъагэу зе1эт. Жыгхэр мэгъагъэ. Уэсэпсыр щыгъэм ещхьщ. Хьэуар зэгъ дыдэщ. Гъавэхэри бэв хъун хуэдэщ.

Гъугъу Абгъуэм ныбгъуэ шыр исщ. Абгъуэр гъуэгуанэм пэжыжьэщ. Ныбгъуэ шырыр гъуабжэщ. Абгъуэри гъуабжэщ. Ныбгъуэ шырыр къэплъагъуну гугъущ.

Хъхъ Хъарбызыр 1уащхьэу зэтелъщ. Хъэуаныр хадэм хапхъам хуэдэщ. Хъарбыз хадэм жыхапхъи хэтщ. Хъарбыз убзытам сыхъэр къыдех. Хадэм хэтхэр матхъэ.

Хъухъу Хъуныр бэгъуащ. Удзыр щхъуант1эщ. Жэмхэр 1эхъушэм хэтщ. 1эхъуэр 1эхъушэм пэрытщ. 1эхъушэр псафэ псыхъуэм дагъэхьэ. 1эщхэр пшэр мэхъу.

Щ1щ1 Щ1ымахуэр щ1ы1эщ. Щ1ыр щтащ. Псы щ1ы1ур мылщ. Жыгхэр сытхъум игъэщ1эрэщ1ащ. Щ1алэхэр гъущ1 лъэрыжэм тетщ. Дэ щ1ымахуэм дыхуэщ1ащ.

Ф1ф1 Шэдыбжь маф1эр зэщ1энащ. Ф1амыщ1ыр ф1ыуэ мэс. Мурат шы ф1алъэр къеупщ1ыхь. Андзор налыр ф1алъэм хуэф1у ещ1.

К1к1 Школ хадэм къэк1ыгъэ щагъэк1хэр. Дэ къэк1ыгъэхэм дак1элъоплъ. Сатырхэр к1апсэк1э ящ1. Жылэхэр къик1ык1ауэ хасэ. К1эрт1офыр мэгъагъэ. Балыджэм купсэ къещ1.

К1ук1у Дэ ди лъэбакъуэхэр зэдок1у. Дэ еджак1уэ док1уэ. Егъэджак1уэри иджыпсту къэк1уэнущ. Еджак1уэхэм фащэ ек1у ди1эщ. Зэмык1ужу ущытыну емык1ущ.

П1п1 Ди щ1ып1эм вап1и хъуп1и щыкуэдщ. Хъуп1эм 1эщыр изщ. 1эщыхъуэхэм я хэщ1ап1эр дэгъуэщ. 1эхъуэхэр мып1ащ1эу хъушэм док1уатэ.

Ц1ц1 Ц1ык1ухэр псэущхьэхэм к1элъоплъ. Ц1ыв ф1ыц1эшхуэм п1ащ1эу къежыхь. Хьэп1ац1э ц1ынэм и тхыр къыдишащ. Хьэмбылур тец1энлъурэ мэпщ.

Л1л1 Л1ыхэм унэ лъэгур ира1ул1ащ. Бжэхэр ирамыгул1у ежал1эу ящ1ащ. Лэжьыгъэм хуэ1эзэм емыл1ал1эу зэф1егъэк1. Ф1ыуэ лэжьэным л1ыгъэ хэлъщ.

Кхъкхъ Жэмхэр бэкхъ хуабэм щ1этщ. Шым къижыхьурэ къэбэкхъащ. Щхьэцым кхъап1э химыщ1эу зефхьэ.

Кхъукхъу Кхъухьыр псым тетщ. Кхъухьлъатэр пшэм хэтщ.

© 2010-2022