Сценарий праздника ко дню родного языка

Раздел Начальные классы
Класс 3 класс
Тип Конспекты
Автор
Дата
Формат docx
Изображения Нет
For-Teacher.ru - все для учителя
Поделитесь с коллегами:

-Фи махуэ фIыуэ ди хьэщIэ лъапIэхэ! Ди гуапэу фыкъыдогъэблагъэ нобэрей зэIущэм. Илъэс 14 и пэкIэ ЮНЕСКО-м и Генеральнэ конференцэм щащIа унафэм ипкъ иткIэ февралым анэдэлъхубзэм и махуэр дуней псом щагъэлъапIэр. Дэри ди анэдэлъхубзэр, ди бзэ дахэу ди адыгэбзэр дгъэлъэпIэну фыкъедгъэблэгъащ.

Афэунэ Лиуан

Си бзэ дахэу адыгэбзэ

Си бзэ дахэу уэ си нэху

Уэращ си анэдэлъхубзэр

СфIэбэмащIэш сыпсэлъэху

Си насыпти уэ узиIэщ

Нур журналым сыкъоджэф

Нани дади сопсэлъэф

Нало Заур

Сэ си нанэр папэ янэщ,
И псэр адыгэпсэщ.
Сэ си дадэр папэ ядэщ,
И бзэр адыгэбзэщ.
Адыгэпсэ- нанэ и псэ,
Сыту упсэ дахэ!
Адыгэбзэ- дадэ и бзэ,
Сыту убзэ дахэ!
Фщ1эрэ фэ а бзэм и л1ыгъэр?
Ар йопсалъэ дыгъэм.
Сыту ф1ыщэт уэ ди дыгъэр
Узэрыадыгэр!

Къагъырмэс Борис.

Сабий уэрэд

Аращи ди махуэшхуэм пыдощэ еплIанэ классым и еджакIуэхэм ягъэзащIэ уэрэдкIэ.

-Ноборей махуэшхуэм и гупсысэ нэхъыщхьэхэм федгъэдэIуэнщ.

--Зи анэдэлъхубзэм хуэшэрыуэ, абыкIэ зи гупсысэр нэгъэсауэ къэзыIуэтэф цIыхум и зэхэщIыкIыр нэхъ куущ, и акъылыр нэхъ жанщ, и дуней тетыкIэр нэхъ дахэщ. Апхуэдэхэращ анэдэлъхубзэм и къарумрэ и IэфIагъымрэ псэкIэ зыхэзыщIэфыр, къызыхэкIа лъэпкъым и деж пщIэи нэмыси щызыгъуэтыфыр.

Адыгэ IуэрыIуатэм щыгъунэжщ Къэзэнокъуэ Жэбагъы и хъыбархэр. Илъэс щищым нэблэгъауэ, нобэр къыздэсым адыгэхэм яIуатэ а хъыбархэр. Къэзэнокъуэ Жэбагъы къэбэрдей пщышхуэхэм я чэнджэщэгъуу щытащ. Жэбагъы къызэринэкIа псалъэ Iущхэр адыгэ псалъэжьхэм хэзэрыхьыжауэ къогъуэгурыкIуэ. Нобэ дигу къэдгъэкIыжынщ абыхэм щыщ зыбжанэ.

1.Улэжьэным емыкIуи ауани хэлъкъым.ЕмыкIур мылажьэрщ.

2. «Уи Iэдакъэ щIэмыкIар хьэрэмщ»

3.Делэм сэ сыфIокI, губзыгъэр езыр къысфIокI.

4.Зэманым декIур лIыфIщ.

5.)Акъылым и лъапсэр чэнджэщщ.Чэнджащэр щыуэркъым.

6) Нэмысыр лъэIукIэ къахьыркъым.

Нэгумэ Шорэ епщыкIубъуанэ лIэщIыгъуэм псэуа адыгэ щIэныгъэлIщ. Нэгумэ Шорэ къызыхэкIа лъэпкъым щIэныгъэ яIэнымкIэ, цIыхубэм тхэкIэ, еджэкIэ ящIэнымкIэ лэжьыгъэшхуэ езыгъэкIуэкIа цIыху гъуэзэджэщ. КъызэралъытэмкIэ ар Пушкин хуэзащ, и усэхэми къыхуеджащ. Шорэ къыщIэна творческэ лэжьыгъэм- «Адыгэ лъэпкъым я тхыдэ»тхылъым пщIэшхуэ хуащI.

Дакъикъэ IэфI

Си лэжьыгъэр щыщIэздзэм, хьэкъыу спхыкIауэ си фIэщ хъурт бгырысхэр щIэныгъэм къызэрыщIэтэджэнур; щIэныгъэмрэ тхыбзэмрэ щащIэн зэман дэр папщIи къызэрысынур.

СлъэкIым хуэдиз сщIащ сэ, фIыгъуэ зэрызлэжьыным сыхуэпсэуащ. Ухыгъэмрэ Къэхъугъэр зи Iэмырымрэ солъэIу анэдэлъэхубзэм хузиIа лъагъуныгъэр здэзыгуэшын щIэблэ си ужь къихъуэнкIэ.

ТхакIуэ цIэрыIуэу ПащIэ Бэчмырзэ и псалъэ Iущхэм фыкъедаIуэмэ ди гуапэт.

Бэлыхь зимыIэр захуагъэщ

Къэрабгъэр щIэшынэр ажалщ

Хьэлэлыр зэрыпщIэр и хабзэщ,

Губзыгъэр зэрыпщIэр и Iуэхущ.

Делэм куэд ищIэу къыфIощI,

ЗымыщIэр егугъумэ, цIыхуфIщ,

Дыкъмыкъыр ебгъафэмэ, мэудафэ

Унафэр Iущмэ, захуагъэ къехь.

IЫхьэ зимыIэр мылажьэрщ,

Хуэмыхур хьэрхуэр хэмыхьэщ.

Уи япэ джалэм ущIэмынакIэ

Уи кIэ къихуaр ауан умыщI

Бзэм темыпсэлъыхьа, абы и мыхьэнэм и гугъу зымыщIа усакIуэ щыIэу къыщIэкIынкъым. «Си анэдэлъхубзэу лъапIэ, уэ улIэжмэ, лIэжащ лъэпкъыр- жиIащ Бицу Анатолэ

«Пщэдей сэ си бзэр кIуэдыжынумэ, сылIэну нобэ сыхьэзырщ» - жиIащ Расул Гамзатов

«Адыгэбзэр зэзмыгъащIэу урысыбзэр сщIэн слъэкIакъым». КIыщокъуэ Алим

«КIуэдыжмэ си адыгэбзэр, хэкIынущ си адыгэпсэр» жиIащ Мыкъуэжь Анатолэ.

Хатефов Казбек. Усэ.

4. Псалъэжь зэпеуэ.

--Ди нобэрей зэущэм кърихьэла цIыхухэм я бзэм и къулеягъыр къэтхутэну хуит дыкъэфщ. Псалъэжь зимыIэ лъэпкъ щыIэкъым. Бзэм псалъэжьхэр хэухуэнауэ куэду хэтщ. Псалъэжьхэр я ухуэкIэкIэ кIэщIщ, ауэ я гъащIэр кIыхьщ. Дэ псалъэжьым и къегъэжьапэр жытIэнщ, фэ нэвгъэсыжынщ.

ЕзыгъэкIуэкIым кърегъажьэ, гупхэм нагъэсыж (гъуэрыгъуэу)

  1. ХабзэмыщIэ…(емыкIухьщ).

  2. Бзур зыIэтыр дамэщ, ….(цIыхур зыIэтыр акъылщ)

  3. Хабзэр бзэгупэкIэ…(кърахьэкIыркъым).

  4. Анэр нэм хуэдэщи, …(адэр дэм хуэдэщ.)

  5. Адакъэрэ пэт…(джэджьейр егъашхэ)

  6. Бжьэ зыдэс…(фо дещIэ)

  7. МастэкIэ Iэшэщ…(шатэкIэ бзаджэщ)

  8. Гупсыси псалъэ…(зыплъыхьи тIыс)

  9. ЗэдэпщIэр щIэхщи,….(зэдэпшхыр Iэфщ.)

  10. ЩIым зы ептымэ, …(тIу къуетыж)

  11. Уи псалъэ гъэIэси,…уи нэмыс гъэбыдэ)

  12. ФIыгъуэм я нэхъыщхьэр… (зэгурыIуэщ)

Иджы хуит дыкъэфщым зы теплъэгъуэ фэдгъэлъагъунщ.

Псысэм зэреджэр «Бажэ пшынэ»

ПцIы хэмылъу, лъэпкъ мащIэу ущыщыткIэ, уи анэдэлъхубзэм къытекIуэ нэгъуэщI бзэ щыIэнкIэ хъунущ. Апхуэдэу щытми, уи бзэкIэ уи гурылъ къэпIуатэмэ, уи гур нэхъ мэзагъэ. Уи анэм уигъэщIа бзэм и дэтхэнэ псалъэми и IэфIагъыр нэсу зыхыбощIэ.

Зыми шэч къытрихьэркъым узыдэпсэу лъэпкъышхуэм и бзэр фIыуэ пщIэн зэрыхуейм. Абы уи лъэр егъэжан, зэныбжьэгъугъэр нэхъ лъэщ ещI. АтIэ бзитIри зэхуэдэу ищIэну цIыхум хузэфIэкIыну?

Дауи, хузэфIэкIынущ. Апхуэдэ цIыхум и лъэкIыныгъэр нэхъыбэщ, и къэухьыр нэхъ куущ.

Любой язык по-своему велик,

Бесценное наследство вековое.

Так берегите свой родной язык,

Как самое на свете дорогое.

В международный день родного языка

Тебе мы пожелаем:

Люби язык, храни на день и на века!

Не забывай мелодию родного языка!

Язык ваш драгоценный -

Богатый и звучный,

То мощный и страстный,

То нежно-певучий.

В нем есть и усмешка,

И меткость, и ласка.

Написаны им

И рассказы, и сказки -

Страницы волшебных,

Волнующих книг!

Люби и храни

Свой великий язык!

Утыкур хуит яхузощI ди къафакIуэхэм. «ЩIалэ къафэ»

Нобэ мыбы кърихьэлIахэм, гугъу къыддехьахэм

Фи гъащIэр кIыхьу,

Фи нэмысыр лъагэу,

Фи насыпыр куууэ

Фи акъылыр хурикъуу,

Гухэхъуэр фи куэду

Тхьэм куэдрэ фигъэпсэу!

Нэгумэ Шорэ епщыкIубъуанэ лIэщIыгъуэм псэуа адыгэ щIэныгъэлIщ. Нэгумэ Шорэ къызыхэкIа лъэпкъым щIэныгъэ яIэнымкIэ, цIыхубэм тхэкIэ, еджэкIэ ящIэнымкIэ лэжьыгъэшхуэ езыгъэкIуэкIа цIыху гъуэзэджэщ. КъызэралъытэмкIэ ар Пушкин хуэзащ, и усэхэми къыхуеджащ. Шорэ къыщIэна творческэ лэжьыгъэм- «Адыгэ лъэпкъым я тхыдэ»тхылъым пщIэшхуэ хуащI.

Дакъикъэ IэфI

Си лэжьыгъэр щыщIэздзэм, хьэкъыу спхыкIауэ си фIэщ хъурт бгырысхэр щIэныгъэм къызэрыщIэтэджэнур; щIэныгъэмрэ тхыбзэмрэ щащIэн зэман дэр папщIи къызэрысынур.

СлъэкIым хуэдиз сщIащ сэ, фIыгъуэ зэрызлэжьыным сыхуэпсэуащ. Ухыгъэмрэ Къэхъугъэр зи Iэмырымрэ солъэIу анэдэлъэхубзэм хузиIа лъагъуныгъэр здэзыгуэшын щIэблэ си ужь къихъуэнкIэ.

5


© 2010-2022