Рабочая программа в 9 кл Кабардинский язык

Раздел Другое
Класс 9 класс
Тип Рабочие программы
Автор
Дата
Формат doc
Изображения Есть
For-Teacher.ru - все для учителя
Поделитесь с коллегами:

Рабочая программа в 9 кл Кабардинский язык



Адыгэбзэ

9 класс

Зыубзыху тхыгъэ

Зэрылажьэ программэр зэхэлъхьащ мы къэк1уэну нормативнэ тхылъхэр и лъабжьэу:

  • Федеральнэ государственнэ стандартыр (от 017.12. 2010 г. № 1897)

  • Урысей Федерацэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ 2012 гъэм декабрым и 29-м къищта федеральнэ закон № 273- ФЗ-р, (ред. от 29.12.2014) "Об образовании в Российской Федерации" (с изм. и доп., вступ. в силу с 06.05.2014);

  • Закон КБР от 24 апреля 2014 года № 23-Р3 (ред. от 03.04.2014 года № 71-Р3) «Об образовании»;

  • Приказ МОН КБР от 30.06.2015 года №676 «Об утверждении республиканского базисного учебного плана для образовательных учреждений КБР на 2015-2016 учебный год »;

  • Типовой положенэ щ1эныгъэ щызэрагъэгъуэт еджап1эхэм теухуауэ РФ и правительствэм къищта унафэ №196 19 мартым 2001 гъэм къыдэк1ар;

  • Санитарно-эпидемиологическэ правилэм и нормативхэу СанПиН 2.4.2.2821-10 «Санитарно-эпидемиологические требования к условиям и организации обучения в общеобразовательных учреждениях», зарегистрированные в Минюсте России 3 марта 2011 года, регистрационный номер 19993;

  • Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ Министерствэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ IуэхущIапIэхэм 2015-2016 гъэ еджэгъуэм зэрегъэджапхъэу къыхиха тхылъхэмкIэ къищта унафэр, ( от 31 марта 2014 года № 253)(ред. От 08.06.15 года)

  • «О республиканском комплекте учебников», от 18 июля 2011 г. N 67-РЗ

  • «О республиканской целевой программе «Модернизация учебной книги на национальных языках на 2007-2011 годы», от 21 ноября 2007 года N 83-РЗ

  • Хьэт1охъущыкъуей къуажэм дэт Муниципальнэ курыт еджап1э ещанэм зэхигъэува зэрылажьэ программэм теухуа Положенэм япкъ итк1э (от31.08.12. №144)

  • Адыгэбзэр зэхэгъэуващ « 5-11 классхэм папщ1э адыгэбзэмк1э программэхэр» авторхэр:Джаурджий Хь.З., Багъы Н.А. н.2013гъ. Налшык къыщыдэк1ам тету

Ебгъуанэ классым адыгэбзэр щегъэджыным и мурад нэхъыщхьэхэр:

  • лъэпкъым дежк1э бзэр къулеягъэ ину зэрыщытым гулъытэ хуегъэщ1ыныр, абы пщ1э хуащ1у къэгъэхъуныр;

  • еджак1уэхэр ц1ыхугъэм, гущ1эгъулыныгъэм хуэгъэсэн, нэгъуэщ1 лъэпкъ культурэхэм, динхэм шы1эныгъэрэ зыхэщ1ык1рэ хуа1эу гъэсэныр.

Ебгъуанэ классым адыгэбзэр щегъэджыным къалэну къегъэув:

  • тэмэму псэлъэным, къабзэу тхэным, гъэхуауэ къеджэнымк1э я1э зэф1эк1хэмрэ есэныгъэхэмрэ хэгъэхъуэныр;

  • еджак1уэм псэк1э зыхищ1эхэр шэщ1ауэ къи1уэтэжынымк1э и1э щ1эныгъэм зегъэужьыныр;

  • обществэм , гъащ1эм бзэм мыхьэнэуэ щи1эр зыхегъэщ1эныр , иджырей бзэщ1эныгъэм теухуауэ 9-нэ классым ехьэл1ахэм щыгъуазэ щ1ыныр;

  • я логическэ гупсысэк1эм зегъэужьыныр:

  • иджыпсту къек1уэк1 информационнэ ехъул1эныгъэхэм к1элъыплъыфу, хэплъэфу, зыхуейр къыхахыфрэ къагъэсэбэпыфу егъэсэныр.

Адыгэбзэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэралыбзэхэм ящыщ зыщ. Ар еджак1уэм нэсу зэрищ1эм, и бзэм, гъащ1эм къызэрыщигъэсэбэпыфым куэдк1э елъытащ псынщ1эурэ зызыхъуэж гъащ1эм щигъуэтыну ехъул1эныгъэхэр. Абы и лъэныкъуэк1э инщ адыгэбзэр егъэджыным и мыхьэнэр. Еджак1уэм дуней псор зэрилъагъур, зэрызэхищ1эр къыдалъхуа и анэбзэрщ. Апхуэдэу щыщытк1э, а бзэм и щэху нэхъыбэ ищ1эхук1э, и акъылми, гупсысэми зеужь.

Адыгэбзэр егъэджыныр къызэгъэпэщыпхъэщ компетентностнэ (лъэк1ыныгъэхэм зезыгъэужь ) бгъэдыхьэк1эм тету. Абы тещ1ыхьауэ ебгъуанэ классым зыщаужь:

  • коммуникативнэ (зэрызэгуры1уэ, зэрызэпыщ1а) компетенцэхэм;

  • лингвистическэ (бзэщ1эныгъэ) компетенцэхэм;

  • культуроведческэ компетенцэхэм.

Ебгъуанэ классым щеджэ еджак1уэхэм адыгэбзэмк1э ягъэзэщ1апхъэ лэжьыгъэхэр, я зэф1эк1хэр, щ1эныгъэр егъэф1эк1уэнымк1э ахэр зыхуэунэт1ахэр ( компетенцэ елъытауэ)

Щ1эныгъэм и ф1агъыр къэзыгъэлъагъуэ унэт1ыныгъэхэр:

  • предметымк1э ягъуэт лъэк1ыныгъэхэр ( предметные компетенции);

  • гъащ1эм, ц1ыхухэм яхэтынымк1э ягъуэт лъэк1ыныгъэхэр(социальные компетенции);

  • культурэ куэдым хэзэгъэнымк1э, ар зыхащ1энымк1э ягъуэтлъэк1ыныгъэхэр

( поликультурные компетенции);

  • информацэ зэхуэхьэсыным, абы и къэгъэсэбэпык1эм ехьэл1ауэ ягъуэт лъэк1ыныгъэхэр (информационные компетенции);

  • гъэсэныгъэ елъытауэ ягъуэт лъэк1ыныгъэхэр (общекультурные компетенции).

Ебгъуанэ классым щадж темэхэм къыдэк1уэу еджак1уэхэм академическэ грамматикэм и 1ыхьэ куэдыр нэхъ куууэ ядж, абы къыхэк1ыу 1эмал имы1эу езыр-езыру ялэжьхэр, творческэ проектхэр, бзэм теухуа къэхутэныгъэхэр нэхъыбэу хэгъэхьэпхъэщ.

Ебгъуанэ классым адыгэбзэмк1э и программэр джыным сыхьэт 51-рэ хухах

(тхьэмахуэм 1,5 )

Адыгэбзэр щебгъаджэк1э къэбгъэсэбэп хъунущ мы къэк1уэну 1эмалхэр (методхэр): къэпщытэныгъэ,зэгъэпщэныгъэ, зэдэуэныгъэ, къэхутэныгъэ, проектнэ, продуктивнэ, репродуктивнэ, нэгъуэщ1хэри.

Мы къэк1уэну щытык1эхэр (формэхэр): тест лэжьыгъэхэр, щхьэзакъуэ лэжьыгъэхэр, къэу1этэныгъэ, зэпсэлъэныгъэ, къэу1этыныгъэмрэ зэпсэлъэныгъэмрэ зэгъусэу, нэгъуэщ1хэри

Еджак1уэхэм ягъуэта щ1эныгъэр къызэрапщытэ щ1ык1эхэр:

  • жьэры1уатэу блэк1а темэхэр къапщытэк1эрэ;

  • щхьэзакъуэ лэжьыгъэ ягъэзащ1эк1эрэ;

  • тхыгъэ лэжьыгъэхэр ятхк1эрэ;

  • тест лэжьыгъэхэр ягъэзащ1эк1эрэ, нэгъуэщ1эхэри.












Календарнэ - тематическэ план

Адыгэбзэ, 9-нэ класс


п/п

Разделхэмрэ темэхэмрэ

Сыхьэт


Унэ лэжьыгъэ

Темэр щестынур

Темэр щестар

Къытегъэзэжыныгъэ 4

Псалъэ занщ1э

1

§3, л.12

05.09.15


Диалог

1

§4, л.16

08.09.15


Псалъэ занщ1эр зэдзэк1ам хуэгъэк1уэн

1

§5.л.19

12.09.15


Цитатэ

1

§6, 22. н.15

15.09.15


Псалъэуха зэхэлъ - зэгъусэхэр 10

Псалъэ зэхэлъымк1э гуры1уэгъуэ

1

§7, л. 25

19.09.15


Псалъэуха зэхэлъ- зэгъусэхэр

1

§8, л. 28

22.09.15


Б/з. Изложенэ, сочиненэ щтык1э и1эу «Бзылъхугъэмрэ хабзэмрэ»

1

Изл. елэжь

26.09.15


Б/з. Изложенэ, сочиненэ щтык1э и1эу «Бзылъхугъэмрэ хабзэмрэ»

1

§3-8 къэпщ.

29.09.15


Зэк1элъызыхь союз зи1э псалъэуха зэхэлъ- зэгъусэхэр

1

§8, л.31

03.10.15


Зэпэщ1эуэ союз зи1э псалъэуха зэхэлъ- зэгъусэхэр

1

§8, л.33

06.10.15


Зыгуэш союз эи1э псалъэуха зэхэлъ- зэгъусэхэр

1

§8, л.35

10.10.15


Псалъэуха зэхэлъ - зэгъусэмк1э практическэ лэжьыгъэ.

1

§3-8 къэпщ

Дикт. зыху.

13.10.15


Къызэрапщытэ диктант «Гъатхэпэ»

1


17.10.15


Щыуагъэхэм елэжьын

1


20.10.15


Псалъэуха зэхэлъ- зэпхахэр 22

Псалъэуха зэхэлъ - зэпхахэмк1э гуры1уэныгъэ

1

§9, л. 39

24.10.15


Псалъэуха зэхэлъ - зэпхамк1э гуры1уэгъуэ

1

§9, пс-ха зэхэлъхьэн

27.10.15


Псалъэуха гуэдзэмрэ причастнэ оборотымрэ

1

§10, л.43

31.10.15


Псалъэуха гуэдзэ л1эужьыгъуэхэр

1

§11,л. 46

14.11.15


Дополненэ гуэдзэ зи1э псалъэуха зэхэлъ-зэпхахэр

1

§12, л.47

17.11.15


Б/з Изложенэ, сичиненэ щытык1э и1эу «Анэ»

1

Изл.елэжь.

21.11.15


Б/з Изложенэ, сичиненэ щытык1э и1эу«Анэ»

1

24.11.15


Подлежащэ псалъэуха гуэдзэ зи1э псалъэуха.

1

§12, л.49

28.11.15


Обстоятельствэ псалъэуха гуэдзэхэр. Зэман, щ1ып1э псалъэуха гуэдзэ.

1

§13, л.52

Дикт.зыху.

01.12.15


Къызэрапщытэ диктант «Дыгъужь»

1

05.12.15


Щыуагъэхэм елэжьын

1

08.12.15


Лэжьыгъэм и къэхъук1э псалъэуха гуэдзэ зи1э псалъэуха зэхэлъ - зэпха.

1

§14,л.54

12.12.15


Лэжьыгъэм и къэхъук1э псалъэуха гуэдзэ зи1э псалъэуха зэхэлъ - зэпха.

1

§14, л.56

15.12.15



Б/з Сочиненэ «Къуажэм и тхыдэм теухуауэ»

1

Соч.елэжь.

19.12.15


Б/З Сочиненэ «Къуажэм и тхыдэм теухуауэ»

1


22.12.15


Мурад, щхьэусыгъуэ псалъэуха гуэдзэ зи1э псалъэуха зэхэлъ - зэпхахэр.

1

§15, л.61

26.12.15


Условнэ псалъэуха гуэдзэ зи1э псалъэуха зэхэлъ-зэпхахэр.

1

§16, л.64

29.12.15


Уступительнэ псалъэуха гуэдзэ зи1э псалъэуха зэхэлъ - зэпхахэр.

1

§17,л.67

14.01.16


Гуэдзэ зыбжанэ зи1э псалъэуха зэхэлъ - зэпхахэр.

1

§18, л.69

21.01.16


Гуэдзэ зыбжанэ зи1э псалъэуха зэхэлъ - зэпхахэр.

1

§18, л.70

Дикт.зыху.

28.01.16


Къызэрапщытэ диктант «Письмо»

1


04..02.16


Щыуагъэхэм елэжьын

1


11.02.16


Союзыншэ псалъэуха зэхэлъхэр 6

Союзыншэ псалъэуха зэхэлъымк1э гуры1уэгъуэ

1

§19, пс-ха зэхэлъхьэн

18.02.16


Союзыншэ псалъэуха зэхэлъым запятой, точкэрэ запятойрэ щагъэувыр.

1

§20, л.76

25.02.16


Союзыншэ псалъэуха зэхэлъым точкит1 щагъэувыр

1

§21, л. 79

03.03.16


Б/З Творческэ лэжьыгъэ зыщ1ыгъу изложенэ «Япэ адыгэ тхак1уэ»

1

Изл.елэжь.

10.03.16


Б/З Творческэ лэжьыгъэ зыщ1ыгъу изложенэ «Япэ адыгэ тхак1уэ»

1


17.03.16


Союзыншэ псалъэуха зэхэлъым тире щагъэувыр.

1

§ 22,л. 83

23.03.16


Зэпхык1э зэмыл1эужьыгъуэ зи1э псалъэуха зэхэлъхэр 1

Зэпхык1э зэмыл1эужьыгъуэ зи1э псалъэуха зэхэлъхэр

1

§23,л. 84

н.56

07.04.16


Къытегъэзэжыныгъэ 8

Бзэм и макъхэр. Бзэр зызыужь явленэу зэрыщытыр. Адыгэбзэм и зыужьыныгъэмк1э урысыбзэм мыхьэнэуэ и1эр.

1

§24.л. 89

14.04.16


Б/з Изложенэ, сичиненэ щытык1э и1эу «Уэсят»

1

Изл.елэжь.

21.04.16


Б/з Изложенэ, сичиненэ щытык1э и1эу«Уэсят»

1


28.04.16


Литературэбзэмк1э гуры1уэгъуэ. Фонетикэ. Орфоэпие. Къэпщытэжыныгъэ.

1

§25, л.91

05.05.16


Псалъэ къэхъук1эмрэ зэхъуэк1ык1эмрэ Орфографиер. Морфологиер.

1

§26, л.97

12.05.16


Къызэрапщытэ диктант «Къуалэбзу лъэтэжхэр»

1


19.05.16


Щыуагъэхэм елжьын

1


26.05.16


Къытегъэзэжыныгъэ

1


31.05.16




Псори-51, б/з-10, къ/д-4







Тематическэ план

Адыгэбзэ 9-нэ класс.

№№

Разделхэм я темэхэр

Сыхьэт

Б/з

Кл/щ1

Егъэдж.

Къытегъэзэжыныгъэ

4



4

    Псалъэуха зэхэлъ - зэгъусэхэр

    10

    2

    1

    7

      Псалъэуха зэхэлъ- зэпхахэр

      22

      4

      2

      16

        Союзыншэ псалъэуха зэхэлъхэр

        6

        2


        4

          Зэпхык1э зэмыл1эужьыгъуэ зи1э псалъэухахэр

          1



          1

            Къытегъэзэжыныгъэ

            8

            2

            1

            5

            Псори

            51

            10

            4

            37











            Еджэныгъэр зэрек1уэк1ымрэ абы къызэщ1иубыдэмрэ.

            Егъэджэныр зэрызэхэлъымрэ къызэщ1иубыдэмрэ

            Нэхъыщхьэу ягъуэтын хуей щ1эныгъэмрэ есэныгъэмрэ

            IX КЛАСС

            I. Яджам къытегъэзэжын

            Псалъэуха зэхэлъ

            1. Псалъэуха зэхэлъымкIэ гурыIуэныгъэхэр

            Псалъэуха зэхэлъыр зищIысыр. Псалъэуха къызэрыкIуэмрэ псалъэуха зэхэлъымрэ грамматикэ и лъэныкъуэкIэ зэтехуэныгъэрэ зэщхьэщыкIыныгъэу яб­гъэдэ­лъыр.

            псалъэуха зэхэлъхэм теухуа синтаксическэ зэпкърыхыныгъэ егъэкIуэкIын;

            псалъэуха зэхэлъ зэмылIэужьыгъуэхэм синтаксическэ синонимхэр къыщыгъэсэбэпын;

            псалъэуха зэхэлъхэр зэрызэхэт Iыхьэхэр запятойкIэ зэпэщIэхыфын, союзыншэ псалъэуха зэхэлъым зэрызэхагъэкI нагъыщэхэр гъэувыфын.

            2. Псалъэуха зэхэлъ-зэгъусэхэр

            1.Союз зиIэ псалъэуха зэхэлъ-зэгъусэхэр (зэкIэлъызыхь, зэпэщIэуэ­ныгъэ, зыгуэш).

            Псалъэуха зэхэлъ-зэгъусэхэм нагъыщэхэр зэрыщагъэувыр.

            2. Псалъэуха къызэрыгуэкIхэр псалъэуха зэхэлъым хуэгъэкIуэн. Псалъэуха зэхэлъ-зэгъусэхэр зэзыпх союз зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ зэпхыфын. Псалъэуха зэхэлъ-зэгъусэхэр я бзэм къыщагъэсэбэпын.

            псалъэуха зэхэлъ-зэгъусэхэм я къэкIуэкIэр;

            псалъэуха зэхэлъым и щытыкIэ нэхъыщхьэхэр.

            3. Псалъэуха зэхэлъ-зэпхахэр

            1. Псалъэуха пажэ, гуэдзэхэр. Псалъэуха гуэдзэмрэ причастнэ оборотымрэ. Псалъэуха гуэдзэр пажэм союзхэмкIэ, союз псалъэхэмкIэ, союз-суф­фикс­хэмкIэ епхыныгъэ. Псалъэуха пажэм хэт зыгъэлъагъуэ псалъэхэр. Псалъэуха зэхэлъ-­зэпхам и кIуэцIкIэ псалъэуха гуэдзэм и увыпIэр, нагъыщэ ягъэувхэр. Псалъэуха гуэдзэ лIэужьыгъуэхэр. Псалъэуха пажэмрэ гуэдзэмрэ запятойкIэ зэрызэпэ­щIа­хыр.

            Гуэдзэ зыбжанэ зиIэ псалъэуха зэхэлъ-зэпха. Гуэдзэ зыбжанэ зиIэ псалъэуха зэхэлъ-зэпхам и кIуэцIкIэ нагъыщэхэр зэрагъэувыр.

            2. Псалъэуха зэхэлъ-зэпхам и кIуэцIкIэ гуэдзэр пажэм союзхэмкIэ союз-псалъэхэмкIэ, союз-суффиксхэмкIэ, интонацэкIэ епхыфын. Псалъэуха зэхэлъым гуэдзэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыхуэхьын. Гуэдзэ зыбжанэ зы псалъэуха пажэм къыхуэхьын.

            псалъэуха пажэхэмрэ гуэдзэхэмрэ зэрызэхущытыр;



            псалъэуха гуэдзэ лIэужьыгъуэхэр;

            гуэдзэ зыбжанэ зиIэ псалъэуха зэхэлъ-зэпхам и къэкIуэкIэр;

            псалъэуха зэхэлъым къыщыкIуэ пунктограммэхэм я гъэувыкIэ хабзэр.


            4. Союзыншэ псалъэуха зэхэлъхэр

            1. Союзыншэ псалъэуха зэхэлъым и Iыхьэхэм яку дэлъ зэпыщIэныгъэр (мыхьэнэкIэ). Союзыншэ псалъэуха зэхэлъхэм нагъыщэхэр зэрыщагъэувыр.

            2. Союзыншэ псалъэуха зэхэлъым и Iыхьэхэр мыхьэнэкIэ зэпыщIэныгъэр бзэм къыщыгъэ-сэбэпыфын.

            союзыншэ псалъэуха зэхэлъхэр.

            5. ЗэпхыкIэ зэмылIэужьыгъуэ зиIэ псалъэуха зэхэлъхэр

            1. ЗэпхыкIэ зэмылIэужьыгъуэ зиIэ псалъэуха зэхэлъхэр: союзкIэ, союзы­н­шэу зэпхахэр. Абыхэм щагъэув нагъыщэхэр.

            ЗэпхыкIэ зэмылIэужьыгъуэ зиIэ псалъэуха зэхэлъхэр бзэм къыщыгъэсэбэпын синтаксическэ синониму.

            1. Псалъэуха зэхэлъыр зэпкърыхын.

            зэпхыкIэ зэмылIэужьыгъуэ зиIэ псалъэуха зэхэлъхэр;

            псалъэ занщIэ зыхэт псалъэухахэр.

            6. Къытегъэзэжыныгъэ

            IV. Орфографиемрэ пунктуацэмрэ къэпщытэжын


            псалъэуха зэхэлъым къыщыкIуэ пунктограммэхэм я гъэувыкIэ хабзэр;

            IX классым щадж пунктограммэхэр къэгъуэтыфын, ахэр зэрагъэувым и хабзэхэр къэгъэсэбэпын;

            IX классым зыщрихьэлIэ зи тхыкIэр орфографиемкIэ къамыпщытэ пса­лъэ­хэм я тхыкIэ тэмэмыр къэгъэсэбэпын.

            V. Бзэм зегъэужьын

            Бзэм и стилым, темэм, къэIуэтэныгъэ зэпхам и гупсысэ нэхъыщхьэм теухуауэ яджахэр къэпщытэжын.

            Езым къыхаха темэм теухуа сочиненэ тхын. Общественно-политическэ, морально-этическэ, историко-литературнэ темэхэм теухуа сочиненэ.

            Доклад е реферат тхын, общественно-политическэ, морально-этическэ темэхэм теухуа статьяхэм я тезис зэхэлъхьэн.

            темэ пыухыкIам теухуа тхыгъэ иныр зытепсэлъыхьыр хэчыхьауэ къэIуэ­тэжын;

            хэкIыпIитI-щы къагъэсэбэпурэ доклад гъэхьэзырын икIи щIын;

            статья иным и тезис е конспект тхын;

            езым къыхаха темэм теухуа сочиненэ тхын. Сочиненэр егъэфIэкIуэн.









            Еджак1уэхэм яхузэф1эк1ын, ящ1эн хуейуэ къигъэувхэр.

            ЕджакIуэхэм я щ I э н хуейщ:

            синтаксисымрэ пунктуацэмкIэ:


            • псалъэуха зэхэлъ-зэгъусэхэм я къэкIуэкIэр;

            • псалъэуха зэхэлъым и щытыкIэ нэхъыщхьэхэр;

            • псалъэуха пажэхэмрэ гуэдзэхэмрэ зэрызэхущытыр;

            • псалъэуха гуэдзэ лIэужьыгъуэхэр;

            • гуэдзэ зыбжанэ зиIэ псалъэуха зэхэлъ-зэпхам и къэкIуэкIэр;

            • псалъэуха зэхэлъым къыщыкIуэ пунктограммэхэм я гъэувыкIэ хабзэр;

            • союзыншэ псалъэуха зэхэлъхэр;

            • зэпхыкIэ зэмылIэужьыгъуэ зиIэ псалъэуха зэхэлъхэр;

            • псалъэ занщIэ зыхэт псалъэухахэр.


            ЕджакIуэхэм яхузэфIэкIын хуейщ:

            синтаксисымрэ пунктуацэмкIэ:


            • псалъэуха зэхэлъхэм теухуа синтаксическэ зэпкърыхыныгъэ егъэкIуэкIын;

            • псалъэуха зэхэлъ зэмылIэужьыгъуэхэм синтаксическэ синонимхэр къыщыгъэсэбэпын;

            • псалъэуха зэхэлъхэр зэрызэхэт Iыхьэхэр запятойкIэ зэпэщIэхыфын, союзыншэ псалъэуха зэхэлъым зэрызэхагъэкI нагъыщэхэр гъэувыфын;

            • IX классым щадж пунктограммэхэр къэгъуэтыфын, ахэр зэрагъэувым и хабзэхэр къэгъэсэбэпын;

            • IX классым зыщрихьэлIэ зи тхыкIэр орфографиемкIэ къамыпщытэ пса­лъэ­хэм я тхыкIэ тэмэмыр къэгъэсэбэпын.

            бзэм зегъэужьынымкIэ:


            • темэ пыухыкIам теухуа тхыгъэ иныр зытепсэлъыхьыр хэчыхьауэ къэIуэ­тэжын;

            • хэкIыпIитI-щы къагъэсэбэпурэ доклад гъэхьэзырын икIи щIын;

            • статья иным и тезис е конспект тхын;

            • езым къыхаха темэм теухуа сочиненэ тхын.









            Еджак1уэхэр зэреджэну тхылъыр, къагъэсэбэпыпхъэ тетрадыр.


            1. Джаурджий Хь. 3., Джаурджий М. Ж. Адыгэбзэ. ЕджакIуэхэр зэрыгъуэ­зэн тхылъ. Налшык, 1999

            2. Танащ Т.М. Зэрылажьэ тетрадь Налшык, 2011гъ.

            3. Урыс Хь. Щ., Тамбий Б.А. Адыгэбзэ, 9 класс Налшык, 2011гъ.

            Егъэджак1уэм къигъэсэбэпыпхъэ методическэ лэжьыгъэхэмрэ пособиехэмрэ.

            1. Балэ Л.Ф. Изложенэхэмрэ сочиненэхэмрэ. (5-нэ-11-нэ классхэм папщ1э).

            2. Налшык, 2008.

            3. Джаурджий Хь. 3. Адыгэ пэжырытхэмкIэ лэжьыгъэхэр. Налшык, 1998.

            4. Джаурджий Хь. 3. Нагъыщэ гъэувыкIэм зэрыхурагъаджэ методикэ. Налшык, 2007.

            5. Тау Ж .Къу., УнэлIокъуэ В. Хь .Диктантхэмрэ изложенэхэмрэ. (5-9классхэм папщ1э).

            6. Налшык. 2006.

            Дэ1эпыкъуэгъу хъу литературэхэр, егъэджак1уэм папщ1э:

            1. Джаурджий Хь. 3., Дзасэжъ Хь. Е. Адыгэбзэр зэраджын методикэ. Налшык, 1994. Джаурджий Хь. 3., Дзасэжь Хь. Е. АдыгэбзэмкIэ еджалъэм щIыгъу лэжьыгъэхэр. Налшык, I993 Джаурджий Хь. 3., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык, 1991.

            2. Джаурджий Хь. 3., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык, 1991.

            3. Урыс Хь. Щ., Зэхъуэхъу Л. Хь. Адыгэбзэ орфографиемрэ пунктуацэхэмрэ я хабзэхэр. Налшык, 1963.

            4. Урыс Хь. Щ., Тамбий Б. А. Адыгэбзэр 8-9-нэ классхэм: ЕгъэджакIуэхэм папщIэ чэнджэщхэр. Налшык, 1984.

            Еджак1уэхэм папщ1э:


            1. Джаурджий Хь. 3., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык, 1991

            2. Дзыгъуанэ Р. Хь., Шэру Н. Гъу. Адыгэбзэм и синонимхэм я псалъалъэ. Налшык, 1997

            3. Урыс Хь. Щ., Зэхъуэхъу Л. Хь. Адыгэбзэ орфографиемрэ пунктуацэхэмрэ я хабзэхэр. Налшык, 1963.

            4. Урыс Хь. Щ., Зэхъуэхъу Л. Хь. Адыгэбзэ орфографиемрэ пунктуацэхэмрэ я хабзэхэр. Налшык, 1963.

            Интернет - ресурсхэр:


            1. http: //school.edu.ru

            2. http: //kop.ru

            3. http: // edu.ru/erudit.com.ru

            4. http: //allmath.ru

            5. www/uchportal.ru// 25-1-3504// учительский портал

            6. www//exponent.ru/edukat\systemat/ методические разработки

            7. www/ solnet/ru

            8. scool/tdu/ru/коллекция ЦОР


            © 2010-2022