Исследовательская работа Алим Кешоков

Раздел Другое
Класс 6 класс
Тип Конспекты
Автор
Дата
Формат docx
Изображения Нет
For-Teacher.ru - все для учителя
Поделитесь с коллегами:

Темэ: «К1ыщокъуэ Алим и гъащ1эмрэ и творчествэмрэ адыгэ усак1уэхэм къызэрыщхьэщык1ыр»


Мурадхэр:

  1. Сыт хуэдэ ц1ыхуу щыта К1ыщокъуэ Алим?

  2. Алим и гъащ1эр нэхъ куууэ джын, ар адрей адыгэ усак1уэ-тхак1уэхэм къазэрыщхьэщык1ыр къэхутэн.

  3. Иужьк1э адыгэ литературэ урокхэм къагъэсэбэп хъуну презентацэ гъэхьэзырын к1ыщокъуэм и гъащ1эмрэ и творчествэмрэ теухуауэ.
    поисково-исследовательской деятельности.

Темэр актуальнэу (ди зэманым къезэгъыу) щ1ыщытыр: К1ыщокъуэ Алим псом нэхърэ нэхъыбэ зыхузэф1эк1а, гъащ1эщ1эр япэк1э зыгъэк1уэта ц1ыхущ. Апхуэдиз лъэк1ыныгъэ зи1а ц1ыхум удимыхьэхынк1э 1эмал и1экъым.


Мы темэр къыщ1ыхэсхар:Дэтхэнэми Алим и творчествэм зэрыхыхьэу адрейхэм къыщхьэщызыгъэк1 гуэр зэрыхэлъым гу лъитэну щытщ. Абы и гъащ1эр псори тхылъ хьэлэмэтым хуэдэу зэхэлъщ. Си лэжьыгъэмк1э сэ псоми язгъэлъэгъуну сыхуейщ апхуэдэ ц1ыхухэр ьозэрымащ1э дыдэмрэ абы и ц1эр зэи зыщыбгъэгъупщэ зэрымыхъунумрэ. нэхъ гъэщ1эщ1эгъуэныжу мы 1уэхугъуэм хэлъыр К1ыщокъуэм теухуауэ нэхъыбэ къэпщ1эху пщ1эр нэхъ мащ1э хъууэ къызэрыпщыхъурщ.

Пэщ1эдзэ


Си илъэсищэ

Илъэс минитIрэ илъэс пщыкIуплIыр -

А гъэр мыгувэу езыр къэсынущ.

Бжьыпэр зыIыгъым къыIэщIихынурэ,

Зыри зимыIэм къылъигъэсынущ.

"Нобэ щэ хъунут", - сэр папщIэ жаIэу

Iэнэ тIысыни хэкум исынущ.

Илъэс минитIрэ илъэс пщыкIуплIыр

УемылIэлIэххэу езыр къэсынущ.

Къуалэбзу цIыкIухэм, хъуми нэхъ мащIэ,

Абгъуэ ди жыгхэм къыпащIыхьынущ.

IукIэ шхын къахьыу шырхэр ягъашхэу

Си уэрэд Iыхьи бзухэм къахьынущ.

Я ней къыстехуэм сагъэгумэщIу

Си ужь итари къэсэхыжынущ.

Илъэс минитIрэ илъэс пщыкIуплIыр

УемылIэлIэххэу езыр къэсынущ.

Гъэмахуэ шылэу дуней дахэгъуэу,

Узэгугъуахэм уагъэгуфIэжу,

Жыг хадэм уисмэ, псэм зигъэпсэхуу

А махуэм тохуэ сыкъыщалъхуари -

Уафэри гъуагъуэу уэшри къежэхмэ,

Псы къэмыжари диным икIынущ.

Илъэс минитIрэ илъэс пщыкIуплIыр

УемылIэлIэххэу езыр къэсынущ.

Иреуэлбанэ е иребзыгъэ,

А махуэм бзухэр абгъуэ исынкъым,

ВакIуэ дэкIыгъуэм жаIа уэрэдхэр

Ягу къэмыкIыжу яхуэшэчынкъым.

Iугъуи жьэрыми зэхэзэрыхьрэ

КъысщIихьэ закъуэм сыкъэтIысынущ.

Илъэс минитIрэ илъэс пщыкIуплIыр

УемылIэлIэххэу езыр къэсынущ.

А пIалъэм си бзэ сызэрыпсалъэр

Лъапэ зэвыпIэ иувэпэнкъым.

Си лъэрыгъыпсыр зыубыдахэм

Ящыщым я лъэр ягъэбыдэнущ.

Уэрэд къыхадзэм зэрыгъэгушхуэу,

СхужымыIари къыпащэфынущ.

Илъэс минитIрэ илъэс пщыкIуплIыр

УемылIэлIэххэу езыр къэсынущ.

Дунейр абдежи яфIэщIэщыгъуэу

Игъуэ нэмысу Iэджи кIуэдынущ.

СафIэкIуэдынкIэ къысхуэгузавэу,

Си гузэвэгъуэр гъыбзэу жаIэнущ.

Си илъэсищэр пхуэмыгъэныщкIуу,

ЗыгъэныщкIуами хуемыгъэхыфу,

Илъэс минитIрэ илъэс пщыкIуплIыр

УемылIэлIэххэу езыр къэсынущ.


Дэнэ ик1и дапщэщ къыщалъхуа К1ыщокъуэ Алим?
К1ыщокъуэ Алим Пщымахуэ и къуэр къалъхуащ июлым и 22, 1914 гъэм Щхьэлыкъуэ къуажэм.
Усак1уэм и гукъэк1ыжхэр:

Пэж дыдэм фыхуеймэ, сэ зы илъэс щ1ызгъуащ си ныбжьым, 1931 гъэм Северо-Кавказскэ институтым сыщ1эт1ысхьэри 1935 гъэм къэзыухащ. Институтыр къэзуха нэужьи щ1алэ1уэу сызэрыщытынур сигу къеуэрти, си ныбжьым илъэс щ1ызгъури,1914 гъэм июлым и 22 сыкъалъхуауэ езгъэтхащ.

К1ыщокъуэр щеджа щ1ып1эхэр.

Ар илъэсит1к1э къуажэ школым щеджащ. Шэщу щыта еджап1эр апхуэдизк1э к1ыф1 хъунти, Алим игу ирилъхьат хузэф1эк1 хъумэ щхьэгъубжищ хэлъу школ ищ1ыну. Игу илъари къехъул1ащ К1ыщокъуэм. Щхьэлыкъуэ къуажэм школыжьым и п1эк1э щ1эуэ дащ1ыхьа еджап1эшхуэм Алим и жэрдэми и мылъкуи хэлъщ ик1и езым и ц1э зэрехьэ.

Усак1уэм и гукъэк1ыжхэр:

1923 гъэм ди къуажэм школ къыщызэ1уахащ.Абы и заведующу си адэр ягъэуващ, сэри а школым 1924 гъэм к1уэн щ1эздзащ. Бахъсэн дэта окружной мэкъумэшхозяйственнэ школым 1926 гъэм сыщ1агъэт1ысхьащ, ауэ ар сигу щримыхьым сыкъэк1уэсэжащ.Укъэк1уэсэжынтэкъэ? Еджап1эм щ1эсыр классит1у даугуэшат. Дэри дэр - дэру зыдгуэшыжат, «иныжьрэ» «жьыныбэрэ» жыт1эри. Ныбжьк1э дызэхуэдэтэкъым, балигъ хъуным нэса къытхэтти, ахэр «иныжьт», модрей ц1ык1у защ1эм къызэрыдэджэр «жьыныбэт». Шхап1эм дык1уэмэ, нэхъ крушк1эшхуэр «иныжьхэм» ялъыст. Зыдгъэнщ1ыу зей дышхэртэкъым, щ1акхъуэ ф1ыц1э 1ыхьэ щхьэк1э ущаубэрэжьи къэхъурт».

Зэхэсщ1ыхьар си адэм къыщищ1эм, ар къызэшхыдакъым, зыри къэмыхъуа фэр зэтригъэуащ. Сыкъызэрык1уэсэжар гуапэ щыхъуа хуэдэу жи1ащ: "Куэду ф1ыщ! Дыгъуасэ Хьэщыкъуейр къызэлъэ1уат л1ыщ1эу щ1алэр естыну. Иджы ар абы деж ирек1уэ бжэныхъуэу." Кулакым и деж щыл1ыщ1эныр зищ1ысыр сщ1эрти, а дакъикъэм дэзгъэзык1ри сыкъызэрык1уэсэжам нэхърэ нэхъ псынщ1эжу Бахъсэн школым сык1уэжащ.

Алим къызыхэк1а унагъуэр.

Алим и адэ Пщымахуэ и зэманым елъытауэ щ1эныгъэф1 зи1э л1ыт. Абы егъэджэн 1уэхум ф1ыуэ хищ1ык1ырт, тхыдэм, есэпым, хабзэ-бзыпхъэм хъарзынэу щыгъуазэт, диным хуеджат , хьэрыпыбзэк1и урысыбзэк1и псалъэрт ик1и тхэрт.

Алим и анэ Куэзи, езы усак1уэм зэритхыжымк1э, куэду ц1ыху хьэлэмэтт. Ар Пщымахуэ къришат Адыгейм щыщ Хьэкурынэхьэблэ къуажэм. Пщымахуэ дин 1уэхум щыхуеджар а жылэрат. Куэз унагъуэ 1уэхук1э икъук1э 1эк1уэлъак1уэт, езыр жьэры1эзэт ик1и жьэнахуэт. Абы псалъэ шэрыуэу, къебжэк1ыу, уэрэду, хъыбару ищ1эхэм къыщ1эхъук1а Алим иужьк1э итхыжащ: «Сэ усэбзэм и 1эф1ым сысабий щ1ык1э гу хуэсщ1амэ, таурыхъхэмрэ хъыбарыжьхэмрэ пасэу сыдахьэхамэ, ар зи ф1ыщ1эр си анэрщ» . Адрей ди адыгэ тхак1уэ-усак1уэхэм хуэдэу къызыхэк1ар мэкъумэшыщ1э унагъуэ тхьэмыщк1эми, К1ыщокъуэхэ я унагъуэр псори псалъэм етат. Пщымахуи Алим и къуэш Рашиди я 1эдакъэщ1эк1 тхыгъэхэр псори ди зэманым къэмысами щы1эхэщ.

И щ1алэгъуэм сыт хуэдэ теплъэ и1а Алим?

Фэшхуэ-лышхуэ зэримы1эмрэ езыри зэрымылъагэ дыдэмрэ щхьэк1эт К1ыщокъуэм зы илъэск1э нэхъыжьу зыщ1ригъэтхар. Ауэ....

Усак1уэм и гукъэк1ыжхэр:

Сэ нэхърэ нэхъыжьхэр езгъаджэу щ1эздза нэужь а езгъаджэхэм дзыхьыщэ къызэрысхуамыщ1ым къыхэк1к1э зыпхагъэ1ук1ыу щ1адзащ "Мор зи ц1ык1уагъым сытым дыхуригъэджэфын?" Зэпхрыгъа1уэк1ым имызакъуэу ауан сыкъыщащ1ыпи къэхъурт. Гъэмахуэм езгъэджэну зыхуашэса учителхэр урыс литературэмрэ урысыбзэмрэ езгъэджэну ст пщэм къралъхьауэ классым япэу сыщыщ1ыхьэм, езгъэджэну "Еджак1уэхэр" зэплъыжри дыхьэшхащ. Си нэщхъри зэхэзук1аи, "фысабыри" яжыс1аи, ауэ зэрызысщ1ым мо л1ы хэк1уэта къомыр нэхъри игъэдыхьэшха ф1эк1а зыри къик1акъым. Къуажэ егъэджак1уэхэм ящыщ зы л1ы к1ыхь гуэрым псори зэтригъэувы1эри доскам згъэк1уэну къызэлъэ1уащ. Ауан сыкъищ1ынк1э шэч хуэсщ1тэкъыми, ар доскам къыдэсшащ. А "еджак1уэ" къыдэсшар къызбгъэдэувэри сэ къысхуеплъыхыу къыщыувым сэри сыхудэплъеящ. А л1ы к1ыхь дыдэмрэ сэ ц1ык1у дыдэмрэ апхуэдэу дызэплъу дыкъыщалъагъум классым щ1эс псори къыщиудащ. Гупым задезгъэк1ун ф1эк1а нэгъуэщ1 къысхуэнэжатэкъыми, сэри сыдыхьэшхыу щ1эздзащ. Абы и ужьк1э сэ гук1э сакъыхуеджащ "Евгений Онегин" романым щыщ пычыгъуэхэм, Пушкиным и творчествэр зищ1ысыр, абы и мыхьэнэр яжес1ащ. Адэк1э ауан лъэпкъ ди яку дэмылъу курсыр едгъэк1уэк1ащ.

И япэ тхыгъэхэр

Алим и япэ усэхэр итхащ 1924 гъэм. Ахэр «Къаруущ1э» газетым къытрадзащ.

Усак1уэм и гукъэк1ыжхэр: Сэ пасэу щ1эздзащ усэ тхыным. Бахъсэн Мэкъумэшхозяйственнэ школым сыщыщ1эсам стхауэ тетрадь зыбжанэм ярыз си1ащ, ауэ ахэр зыми езгъэлъагъуакъым. 1931 гъэм къыдэк1а учебникым си усэхэм щыщ техуащ, абы къыхэк1к1э усэ зэрыстхымк1э зызмыумысыжу хъуакъым.

Усак1уэм гулъытэ ин хуещ1 пщ1эм, нэмысым гъащ1эм щытепщэу щытын хуей зыхущытык1э дахэм, ц1ыху псэ хьэлэлхэм яку дэлъын хуей хъэл-щэн гурыхьхэм ик1и къинэмыщ1 1уэхугъуэхэми.

К1ыщокъуэм и гупсысэ нэхъ лъап1э дыдэхэр ц1ыхубэм ябгъэделъхьэ, ахэр ди гъащ1эм и гумащ1агъэм къегъэхуабэ. Усак1уэм насыпым ящхьу къилъытэр ц1ыхум гуф1эгъуэк1и гуапагък1и ядэгуэшынырщ. Ц1ыхугъэ лъагэм хуи1э щытык1эр усак1уэм и усэ куэдым къыхощ. Абы къегъуэтыр ц1ыхубэ гъащ1эр зыгъэнэху псалъафэ уардэхэр, зыгъэдахэ жы1эк1э гурыхьхэр зыгъэин хьэл-щэныф1хэр, абы къыхэк1 и усэхэм ц1ыхугур къызэрыщеуэр дэ зэхыдощ1э. Абы и щапхъэщ и усэ « Си хъуэхъу»- жыхуи1эр.

Сывохъуэхъур гъуэгум тетым,

Фи гъуэгуанэр ирепсынщ1э,

Анэу гущэр щ1эзыупск1эр

Мамырыгъэм щремыщ1э.

Псыуэ къажэм я нэхъ уэрыр

Ухъу, фыхуеймэ, псы 1умп1аф1э.

Зауэм 1утыр хъуа у1эгъэ-

Ухъу зауэл1ыр хъужык1аф1э.

К1ыхьщ зауэ гъуэгур...

К1ыщокъуэ хэтащ Хэку зауэшхуэм (1941-1945). Зауэм теухуа тхыгъэ куэди итхыжащ. А тхыгъэхэм укъыщеджэк1э гуры1уэгъуэ дыдэщ абы а зауэр зэи и нэгу зэрыщ1эмык1ыжыр. Ар хэтащ 115 кавалерийскэ дивизэм. Тхыдэм зы мащ1э ф1эк1 хэзымыщ1ык1ми, а дивизэм теухуауэ зымыщ1э щы1эу къыщ1эк1ынкъым.

Япэ махуэхэм къыщыщ1эдзауэ зауэр иухыху, 1утащ ар зэуап1эм псэемыблэжу. Ар япэ щ1ык1э щытащ ротэм и командиру, ит1анэ 115-нэ шууей дивизием и офицер хахуэу. Нэхъ иужьы1уэк1э, СССР-м и Тхак1уэхэм я союзым зэрыхэтыр къалъытэри, ар фронтым 1утхэм папщ1э къыдэк1 "Сын отечества" газетым къулыкъу щищ1эну ягъак1уэ. Хэку зауэшхуэм Алим къик1ыжащ майору, зэрихьа л1ыгъэм къыпэк1уа орден, медаль зыбжанэ и бгъэм хэлъу. Зауэ зэманым абы зэрихьа л1ыгъэмрэ хахуагъэмрэ и щапхъэщ иджыри усак1уэм и 1эдакъэ къыщ1эк1а военно-патриотическэ лирикэр(апхуэдэ усэхэр 60-м щ1егъу).

Къытпоплъэр зауэр дэ пщэдей.

Мырщ ди къалэныр абы дей:

Бийм дытек1уэн е дык1уэдын!..-

зэрыхъур умыщ1эу уи гум хохьэ сэлэт нэсым и псалъэхэр.

Псэзэпылъхьэп1э куэд ихуа, гъащ1эм и уасэр ф1ыуэ къэзыщ1а усак1уэм и 1эдакъэ къыщ1ок1 зауэм и пэжыр нахуэ къытщызыщ1 тхыгъэхэр: "Си фочым 1эпл1э есшэк1ауэ", "Сэлэт сэлам", "Сэлэт шырыкъу", "Зэкъуэшит1", "Нып", нэгъуэщ1 куэди.

Зы уси и1эу къыщ1эк1ынкъым Алим зыгуэрым ухуимыущийуэ, ухуимыгъасэу. Дыкъызыхэк1а лъэпкъыр тщ1эжу, абы хуэфэщэн пщ1э хуэтщ1ыфу, гъуэгуанэ гугъу къызэринэк1ам дриплъэжрэ абы и л1ыгъэр зыдынэсыр къэтхутэфу, ахэр дэ щапхъэ тхуэхъуу дыпсэун хуейщ.

Зауэ нэужьым...

Зауэ нэужьым, 1945 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым еджэныгъэм и министр ящ1ащ. Мамыр лэжьыгъэм пэрыувэжами Хэку зауэшхуэр щыгъупщакъым. Алим игу зэрырилъхьа дыдэу и тхыгъэхэм зауэм и гугъу щищ1ыжыщ.

1960 гъ. - «Хъуэпсэгъуэ нур» романыр тхылъитlу къыдэкlащ. 1964 гъэ. - «КъБР-м и цlыхубэ усакlуэ» цlэ лъапlэр къыфlащащ, «Мывэ хуабэ» усэ сборникыр къыдэкlащ. 1966 гъэ. - «Мазэ ныкъуэ щхъуантlэ» романыр дунейм къытехьащ. 1968 гъ. - «Гъуэгуанэ» драмэр «lуащхьэмахуэ» журналым къытехуащ. 1968гъ. - «Бгыщхьэхэр жейркъым» роман-диологием и лауреат ящlащ, 1969 гъ. - «Дамыгъэ» усэ сборникыр къдэкlащ. 1971-1973-гъ. - «Щынэхужьыкъуэ» романым щыщ пычыгъуэхэр «lуащхьэмахуэ» журналым къытрадзащ. 1972 гъ. - «Усэхэмрэ поэмэхэмрэ» сборникыр дунейм къытехьащ. 1973 гъ. - «Нал къута» - р къыдэкlащ. 1974 гъ. - «Вид с белой горы» повестыр тхылъ щхьэхуэу къыдэкlащ. 1972 гъ. - «Тепщэч къэзылъэтыхь» комедие-водевилыр итхащ. 1977 гъ. - «Батырыбжьэ» усэ сборникымрэ «Восход луны» романымрэ дунейм къытехьащ. 1980 гъ.- «Вагъуэ махуэ» усэ сборникыр къыдэк1ащ. 1981-1982- Москва, «Художественная литература» издательствэм, урысыбзэк1эк1э, къыщыдэк1ащ К1ыщокъуэ Алим и тхыгъэхэр томипл1ым щызэхуэхьэсауэ. 1982 гъ. - «Эмирым папщlэ сэшхуэ» романыр дунейм къытехьащ. 1984-1986 гъ.гъ. - «Тхыгъэ къыхэхахэр» томиплlым щызэхуэхьэсауэ къыдэкlащ. 1985 гъ. - «Кхъужьыфэ» тхылъыр дунейм къытехьащ. 1986 гъ. - «Литман анэ» поэмэр «lуащхьэмахуэ» журналым къытехуащ. 1994 гъ. - «Лъапсэ» романыр къыдэк1ащ.

К1ыщыкъуэр ныбжьэгъу пэжт...

Зауап1эм лъыпсыр къыпыжу къыхихыжа балъкъэр усак1уэ Къайсын Кулиевыр псэуху и ныбжьэгъуащ. Ныбжьэгъугъэм и лъап1агъэр къызыхэщ усэхэр итхащ "Ныбжьэгъум и 1эхэр", "Атакэм и пэк1э" нэгъуэщ1хэри.

И гъащ1э псом абы тхыгъэ куэд итхащ: «Бгы лъапэхэм деж» «Дамыгьэ», «Шум и гъуэгу», «Щ1алэгъуэ щ1ыналъэ», "Лъапсэ", "Батырыбжьэ" усэхэр зэрыт сборник,нэгъуэщ1хэри.

К 1ыщокъуэр уэрэдусщ.

К1ыщокъуэ Алим уэрэдусу зыщ1ып1э школым щрагъэджхэм къыщыхэщу згъуэтакъым. "Телъхьэ уанэр си шым" уэрэдыр

Щ1алэгъуэ махуэ нэхърэ - жьыщхьэ махуэ.

Жьыщхьэ махуэ хъуащ Алим. Ф1ыуэ илъагъуу къиша щхьэгъусэм бынищ дигъуэтащ. Псоми гъащ1эм увып1э зырыз ща1эщ. "Адэф1 къуэф1 хуэщкъым" псалъэжьыр К1ыщокъуэхэ я унагъуэм епхьэл1энк1э 1эмал и1экъым.

К1ыщокъуэм пщ1эрэ щ1ыхьрэ и1ащ.

Гъащ1эм нэхъыбэрэ къыщыхъур л1ыхъужьыр щымыпсэужым ягъэлъап1эущ. Ауэ К1ыщокъуэр псэу щ1ык1э зауэм къыщихьа дамыгъэ лъап1эхэр хэмыту и гуащ1эдэк1ымк1э орден зыбжанэ, дыщэ медаль къыхуагъэфэщащ. Ар Урысей Федерацэм и Къэрал саугъэтым и лауреатщ, Социалист Лэжьыгъэм и Л1ыхъужьщ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и ц1ыхубэ усак1уэщ. Апхуэдэу ягъэлъэп1а усак1уи тхак1уи ди1акъым адыгэхэм. К1ыщокъуэм и фэеплъ сыни щыхуагъэувыжащ Налшык къалэм.

Псэу л1а нэхърэ л1а псэу!

И псэр пытыху, зэрыжа1эу Алим и гур творчествэм етауэ щытащ. И ныбжьыр илъэс 87-м иту 2001 гъэм январь мазэм и 29-м Алим дунейм ехыжащ.

Езым къигъэна и уэсятым ипкъ итк1э, ар Москва кърашыжри къуажэкхъэм, и адэ-анэр, и къуэшыр зыщ1элъым, щыщ1алъхьэжащ.

Сытк1э захуигъэзэну хуей усак1уэм иужь къинахэм?

Си ужь къихъуэнум сыволъэ1ур:

Фи ц1э ира1уэм, фыкъеплъэк1.

Къывэджэ1ауэ зэхэфхамэ, сэращ фэджари,

Дакъикъэ фи гум сыкъэвгъэк1




© 2010-2022