Сочинение по родному (черкесскому) языку на тему: Уи Хэкур лъэщмэ урогушхуэ

Раздел Другое
Класс -
Тип Другие методич. материалы
Автор
Дата
Формат doc
Изображения Есть
For-Teacher.ru - все для учителя
Поделитесь с коллегами:

Дэ дыкъэзыхъуреихь псори ди Хэку дахащэращ. Дэ Хэкум худиIэ лъагъуныгъэр дызэрыцIыкIу лъандэрэ къытхалъхьащ ди адэ-анэм, ди егъэджакIуэхэм.

Аддэ, зы зэман гуэрым Каспий тенджызымрэ Тенджыз ФIыцIэмрэ я зэхуаку дэлъ щIыналъэм зылI и быну, лъэпкъ пщыкIутIу зэхэт ди адыгэхэр щыпсэугъащ, лажьэрэ шхэжу, я щхьэхуитыныгъэр яхъумэжу. Адыгэхэр зэикI зауэ-банэкIэ зэралъэфэлIа мылъкукIэ, е нэгъуэщI лъэпкъ гъэру яубыдрэ игъэпщылIу абы и пщIэнтIэпскIэ псэуакъым. АтIэ ахэм гъавэ хасэт, Iэщ ягъэхъут, жыг, хадэхэм елэжьхэт, я гуащIэ къабзэ, хьэлэлкIэ псэужхэт. Ахэм я щхьэм пщIэ хуащIу, пагагъэр я бэу, лIыгъэрэ хахуагъэрэкIэ, пэжыгъэкIэ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуахэу дунейм тетахэщ. Адыгэхэр тэтэр хъанми, урыс пащтыхьми лъэгуажьэмыщхьэу ягъэувыфакъым, куэдым я хэкур ирагъэбгынами.

Ди адыгэ лъэпкъым зэхэтыкIэ дахэ яIэт. Дэтхэнэ цIыхуми и хэкум нэхъапэ иIэкъым, уеблэмэ и гъащIэм япэ ирегъэщ.

Cи хэкууэ дыщэ губгъуэ,

ГъащIэщIэм и епэр!

Кавказым и щIы фIыгъуэ,

Уи теплъэм IэфI ещI псэр!

Си Хэку дыщэ! Сыту фIыщэу услъагъурэ! Сэ къысщохъу и Хэкум зи псэр хуемыIэ щымыIэу. Дэ ди Хэкум ис лъэпкъ псори фIыуэ зэролъагъу икIи зэдэIэпыкъуу зэдопсэу. Ди Хэкум бий бзаджэхэр къыщытеуам цIыху псори, зым хуэдэу, къызэщIэтэджащ, я Хэкур яхъумэжыну, икIи кърагъэлащ ди щхьэхуитыныгъэр.

Сыт хуэдэ Iуэху яужь симытми, зэпымыууэ согупсыс, си къарум къызэрихькIэ си Хэкум къулыкъу зэрыхуэсщIэным. Хэкум къулыкъу хуащIэмэ, мамырыгъэм хуэлажьэу арщ. Мамырыгъэр ди дежкIэ гъащIэ насыпыфIэщ. Дэ дыхуейщ ди цIыхухэм я гъащIэ насыпыфIэр махуэ къэс нэхъри нэхъыфI, нэхъ тынш, нэхъ хъуэпсэгъуэ хъуну. Аращ къулыкъу зыщIэхэр псэемыблэжу щIыхущIэкъур къэралу щыIэр я нэхъ лъэщу щыт ди Хэкур нэхъри нэхъ лъэщыж зэрыхъуным. Къулыкъу зыщIэ куэдым я гъащIэр лIыхъужьыгъэ хэлъу Хэкум

папщIэ ят. Хуей хъууэ щытмэ, сыхьэзырщ си Хэку лъапIэм папщIэ си псэр стыну.

Ди Хэкум дыхуэпэжу дунейм дытетын хуейщ.

Сэ сынасыпыфIэу зызолъытэж, сыту жыпIэмэ си Хэку лъапIэм сисыжщи. Зи Хэку имысыж цIыхур тхьэмыщкIэщ. И Хэкум зи псэр хуемыIэ щыIэкъым. Хэкум и джэ макъыр зылъэмыIэси дунейм теткъым. А псалъэхэр дэ хамэ къэралхэм ипхъыхьа ди лъэпкъэгъухэм я щапхъэкIэ жыдоIэф. Адэжьхэм я псэр зыщыхуарзэ хэкужьым къэмыкIуэным щIэмыхъуэпс хэхэсу псэу ди дэлъхухэм, шыпхъухэм зэрахэмытыр хьэкъщ. Адыгэхэр дэнэ хэку къыщымыхутами, зэрыадыгэу къэнэжын хуейщ. Дэнэ щIыпIэ щымыпсэухэми ди адыгэбзэр, ди хабзэр, нэмысыр яхъумэжын хуейщ. Сэ согугъэ, си лъэпкъ уардэ, зэгуэрым адыгэ псори зэрыгъуэтыжыну.

Хырехъуэ махуэ къэс ди мылъкум, ди Хэкум, цIыхухэм зраужь!

Адыгэ уафэ,

Адыгэ щIылъэ,

Уэгум сихьамэ,

щIылъэр си плъапIэщ.

Адыгэ уафэ,

Адыгэ щIылъэ,

Уи лъахэм ситмэ,

Дунейм сытеткъэ.

Уи къалэ щхьиблым

Зыкърагъэщхьу,

Вагъуэзэщиблыр

жэщкIэ зэщIоблэ.

А блым еянэу,

Нэхъ ябжьэфIэкIыу

Си гурыфIыгъуэр

Адыгэ хэкукъэ.

Уи нэр зыдэплъэм

Уи лъэр лъоIэсыр.

Къырым илъ дани

УлъэIэсакъэ.

Адыгэ уафэ,

Адыгэ щIылъэ,

Уи лъахэм ситмэ,

Дунейм сытеткъэ.



Сочинение по родному(черкесскому) языку на тему:Уи Хэкур лъэщмэ урогушхуэ

Сочинение по родному(черкесскому) языку на тему:Уи Хэкур лъэщмэ урогушхуэ


© 2010-2022